10 е бдзэжьей щхьэкӀэ къелъэӀумэ, блэ иритыну?
– Фэ цӀыху къыфхэт, и къуэр щӀакхъуэ щхьэкӀэ къелъэӀумэ, мывэ иритыну,
Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зэрефтынур фощӀэ. АтӀэ абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэу фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм елъэӀухэм фӀыгъуэ яхуищӀэнукъэ?
Мусэ бегъымбарым губгъуэ нэщӀым блэр зэрыщиӀэтыгъам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри цӀыхухэм яӀэтын хуейщ,
Ауэ блэжьым Хьэуа зи цӀэр хьилагъэкӀэ зэригъэпцӀам хуэдэу, фэри фи щхьэр зэӀигъыхьэу, Мэссихь щыпкъагъэу хувиӀэм фи щӀыбагъ хуэвгъэзэнкӀэ сошынэ.