34 Аращи, пщэдейрей махуэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. Пщэдей къакӀуэр езым и щхьэм щхьэкӀэ гузэвэжынущ, дэтхэнэ махуэми езыр зытегузэвыхьын хурикъуу иӀэжщи.
– Аращи, нывжызоӀэ, «Сыт тшхыну, сыт дефэну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ. Шхыным нэхърэ гъащӀэр нэхъ лъапӀэкъэ, щыгъыным нэхърэ Ӏэпкълъэпкъыр нэхъ лъапӀэкъэ?
Гузэгъэгъуэ къыфхузогъанэ, си гузэгъэгъуэр фызот: Гузэгъэгъуэу сэ фэстыр дунейм къывитын лъэкӀынукъым. Фымыгузавэ икӀи фымышынэ.
– Мы Ӏуэхухэр сэ щӀывжесӀар сэ фи псэм сызэрыщыщым папщӀэ гузэгъэгъуэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ. Дунейм гугъуехь щыфшэчынущ, ауэ фымыдзыхэ: сэ дунейм сытекӀуащ.
ЩӀакхъуэу дызыхуэныкъуэр махуэ къэс къыдэт.
ЩӀакхъуэу дызыхуэныкъуэр нобэ къыдэт.
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.
Гузавэ пэтми, хэт фэ фщыщу зы сыхьэт закъуэ и гъащӀэм пызыщэн зылъэкӀынур?
– Ей Марфэу, си Марфэ! – жриӀащ Зиусхьэным абы. – Куэд щхьэкӀэ зыбгъэгузавэурэ, гугъу зыбогъэхь.
– Синэгуэгухэм фыщраткӀи, хэку пашэхэми тепщэныгъэ зиӀэхэми я пащхьэм фыщрашэкӀи, «Дауэ зыдгъэхейну?» икӀи «Сыт жытӀэну?» жыфӀэу фымыгузавэ;
– Аращи, нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм, – «Сыт тшхыну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фи Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ.
Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ.
Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлӀэ, абы и нэӀэ къыфтригъэтщи.