Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 6:31 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

31 Аращи, «Сыт дэ тшхыну?», е «Сыт дефэну?», е «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фымыгузавэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 6:31
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлӀэ, абы и нэӀэ къыфтригъэтщи.


Фэри фшхынумрэ фызэфэнумрэ я ужь фимыт икӀи абыхэм фримыгумэщӀ.


– Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жиӀащ Хьисэ, – «ЩӀакхъуэ къудейкъым цӀыхур зэрыпсэунур, атӀэ дэтхэнэ псалъэу Тхьэм къыбгъэдэкӀырщ».


– Мыпхуэдиз цӀыхум яхурикъун щӀакхъуэ мы губгъуэ нэщӀым дэнэ щыбгъуэтын? – къыжраӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэм Хьисэ.


Сыту жыпӀэмэ уи шабзэшэхэр къыстеуащ, уи Ӏэри къыстохьэлъэ.


ЦӀыхуфӀщ – гущӀэгъу зыхэлъу, щӀыхуэ зыту, захуагъэкӀэ зи Ӏуэху зезыхьэр;


– Аращи, нывжызоӀэ, «Сыт тшхыну, сыт дефэну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ. Шхыным нэхърэ гъащӀэр нэхъ лъапӀэкъэ, щыгъыным нэхърэ Ӏэпкълъэпкъыр нэхъ лъапӀэкъэ?


Гузавэ пэтми, хэт фэ фщыщу зы сыхьэт закъуэ и гъащӀэм пызыщэн зылъэкӀынур?


– Ей Марфэу, си Марфэ! – жриӀащ Зиусхьэным абы. – Куэд щхьэкӀэ зыбгъэгузавэурэ, гугъу зыбогъэхь.


– Синэгуэгухэм фыщраткӀи, хэку пашэхэми тепщэныгъэ зиӀэхэми я пащхьэм фыщрашэкӀи, «Дауэ зыдгъэхейну?» икӀи «Сыт жытӀэну?» жыфӀэу фымыгузавэ;


– Аращи, нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм, – «Сыт тшхыну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фи Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ.


Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ