Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 6:30 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

30 Губгъуэм нобэ щыгъагъэу пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэкӀэ фэ фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зимащӀэхэр?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 6:30
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Нобэ губгъуэм щыгъагъэу, пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэу фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр?


Петр ар щыжиӀэм, Хьисэ и Ӏэр хуишийщ, ар иубыдри жриӀащ: – Уэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэ, дзыхь щхьэ къысхуумыщӀырэ?


Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ЦӀыху псори удзым хуэдэщ, я щӀыхь псори удз гъэгъам хуэдэщ. Удзыр мэгъуж, гъэгъари мэкӀуэдыж.


Абыхэм жаӀэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ: – ФӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэ, щӀакхъуэ зэрывимыӀэм фыщӀытепсэлъыхьыр сыт?


– Сыт апхуэдизу фыщӀэшынэр фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр? – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. ИтӀанэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми псыми егийри, дунейр щым дыдэ хъужащ.


Хьисэ Фомэ къыжриӀащ: – Уи Ӏэпхъуамбэр мэуэ къытелъхьэ, си Ӏэхэми къеплъ. Уи Ӏэри къэший, си джабэм къытелъхьэ. Шэч къытомыхьэ, фӀэщхъуныгъэ зигъэӀэ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Щхьэ фышынэрэ апхуэдизу? ФӀэщхъуныгъэ фимыӀэу ара иджыри?


Си къуэшхэ, фэ фщыщ гуэрым и щӀыб гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и гъуэгум хуигъэзэжу, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ гу бзаджэ зэримыӀэным фыхуэсакъ.


– Е-ей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэу, иджырей цӀыху къуаншэхэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын икӀи фысшэчын хуей? Къашэ мыдэ уи щӀалэр.


– Еууей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ иджырей цӀыхухэ! – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.


– Е-ей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэу къуаншагъэ зылэжь иджырей цӀыхухэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ