Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 6:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

25 – Аращи, нывжызоӀэ, «Сыт тшхыну, сыт дефэну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ. Шхыным нэхърэ гъащӀэр нэхъ лъапӀэкъэ, щыгъыным нэхърэ Ӏэпкълъэпкъыр нэхъ лъапӀэкъэ?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 6:25
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ.


Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлӀэ, абы и нэӀэ къыфтригъэтщи.


Тхьэуэ зи Къуэм щымысхьу дэр щхьэкӀэ къурмэныпхъэ зыщӀам фӀыгъуэ псори къыдитынукъэ и Къуэм дригъусэмэ?


Аращи, «Сыт дэ тшхыну?», е «Сыт дефэну?», е «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фымыгузавэ.


ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэри, беягъэм и пцӀымрэ, нэгъуэщӀ Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм щӀэхъуэпсынри я гум хыхьэурэ, Тхьэм и псалъэу я гум илъхэр ятхьэлэурэ, а цӀыхухэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым.


ХеящӀэм и пащхьэм фыщрашэкӀэ, «Сыт жытӀэну?» е «Дауэ жытӀэну?» жыфӀэу фымыгузавэ; жыфӀэн хуейр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абдеж дыдэм фи гум къыщрилъхьэнущи.


Гузэвэгъуэ фимыӀэну сыхуейщ. Къэзымышам и нэӀэ Зиусхьэным и Ӏуэхугъуэхэм ятрегъэт – Зиусхьэным игу зэрырихьыным хущӀокъу.


Аращи, пщэдейрей махуэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. Пщэдей къакӀуэр езым и щхьэм щхьэкӀэ гузэвэжынущ, дэтхэнэ махуэми езыр зытегузэвыхьын хурикъуу иӀэжщи.


Дзэм емыпха Ӏуэхугъуэхэм зауэлӀым зыдригъэхьэхыркъым – дзэ пашэм и гум зригъэхьыну хуейщ.


НэгъуэщӀ цӀыху гупыр банэхэм яхэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмкӀи, беягъэмкӀи, гъащӀэм и тхъэгъуэхэмкӀи хуэм-хуэмурэ зрагъэтхьэлэ. Абыхэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым.


НэгъуэщӀ цӀыху гуэр банэхэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэхех апхуэдэм, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмрэ беягъэм и пцӀымрэ Тхьэм и псалъэу и гум илъхэр ятхьэлэри, абы фӀыгъуэ къыпыкӀыркъым.


– Синэгуэгухэм фыщраткӀи, хэку пашэхэми тепщэныгъэ зиӀэхэми я пащхьэм фыщрашэкӀи, «Дауэ зыдгъэхейну?» икӀи «Сыт жытӀэну?» жыфӀэу фымыгузавэ;


ХеящӀэм и пащхьэм фрашэну фыщаубыдкӀэ, «Сыт жытӀэну?» жыфӀэу нэхъапэ щӀыкӀэ фымыгузавэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум асыхьэтым кърилъхьэ псалъэхэр жыфӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэракъым псэлъэнур, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэрщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ