22 – Пкъым и уэздыгъэр нэращ. Аращи, уи нэр сэкъатыншэмэ, уипкъ псори нэхунущ.
Ауэ блэжьым Хьэуа зи цӀэр хьилагъэкӀэ зэригъэпцӀам хуэдэу, фэри фи щхьэр зэӀигъыхьэу, Мэссихь щыпкъагъэу хувиӀэм фи щӀыбагъ хуэвгъэзэнкӀэ сошынэ.
УнэӀутхэ, мы дунейм фытетыху, фи тепщэхэм унафэ псомкӀи федаӀуэ. Абыхэм федаӀуэ, жызоӀэ, ауэ «дэ абыхэм гурыхь дащыхъунщ» жыфӀэу, я нэхэмкӀэ къыщывэплъым и мызакъуэу, атӀэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум зэрилъым щхьэкӀэ сыт щыгъуи фигурэ фи псэкӀэ фахуэлажьэ.
Фэ, унэӀутхэ, мы дунейм фытетыху, фи тепщэхэм фащышынэу, фигури къикӀэзызыкӀыу федаӀуэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ фызэредаӀуэм хуэдэу, абыхэми федаӀуэ.
Махуэ къэс зэакъылэгъуу, Тхьэм и унэшхуэм щызэхуэс зэпытт. Я унэхэми щӀакхъуэр щызэгуащӀыкӀырт, зэщыгуфӀыкӀрэ ягу зэхуэкъабзэу зэдэшхэрт.
Уэздыгъэ пигъанэмэ, ар пэгун щӀагъым щӀигъэувэркъым зыми, атӀэ тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ. Унэм щӀэс псоми я деж нэхур нос итӀанэ.