Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 6:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 – ЩӀылъэм мылъкушхуэ щызэхуэвмыхьэс, щӀылъэм щыӀэр е хъуным яшх е улъийурэ мэкӀуэдыж, дыгъуакӀуэхэм яхъунщӀэ икӀи ядыгъури.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 6:19
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ахъшэм фыхуэмынэпсей, фиӀэм арэзы фытехъуэ. Тхьэм къыжиӀащ: «ИгъащӀэкӀэ ухыфӀэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым».


– Зи щхьэм мылъкушхуэ хузэхуэзыхьэсу, Тхьэм дежкӀэ мылъкушхуэ зимыӀэм аращ къыщыщӀынур.


Ар щызэхихым, Хьисэ абы жриӀащ: – Иджыри зы уи щыщӀагъэщ. УиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.


Мы дунейм бей щыхъуахэм закъыфӀэмыщӀыжыну, мылъку нэпцӀым щымыгугъыну, атӀэ Тхьэм нэхъ щыгугъыну унафэ яхуэщӀ. Дызыгъэтхъэжыну псори куэду къыдэзытыр Тхьэращ.


Фи хьэпшыпхэр фщэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэвгуэш. ТӀорысэ мыхъужын бохъшэхэр вгъэхьэзыр, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт. ДыгъуакӀуэ лъэпкъ а мылъкушхуэм екӀуэлӀэфынукъым итӀанэ, хъунми яшхынукъым.


Игу зэрыщӀыхьар щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ.


Сэ си псэм къещэхэр ирекӀуэ хьэдрыхэ.


Зиусхьэну си Тхьэ, уи Ӏуэху гъэщӀэгъуэнхэри, дэркӀэ уи гухэлъхэри бэщ; хэт хъун Уэр хуэдэ! Абыхэм я хъыбар цӀыхухэм яхуэсӀуэтэн сфӀэигъуэщ, ауэ гъунэншэщ я бжыгъэр.


– Уи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ухъуну ухуеймэ, кӀуэ, уи мылъкур щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш, – жриӀащ Хьисэ. – Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.


Ауэ уафэм мылъкушхуэ хузэхуэфхьэс. Хъуным абы зыри щишхыркъым, зыри щыулъийркъым, дыгъуакӀуэхэри щыӀэбэркъым икӀи щыдыгъуэркъым.


Ауэ мыр зэвгъащӀэ: Унэр зейм дыгъуакӀуэр къыщыкӀуэну сыхьэтыр ищӀэу щытамэ, жеинтэкъым, езым и унэми щӀигъыхьэу, щӀэлъыр иригъэдыгъунтэкъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ