14 – ЦӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀар щахуэвгъэгъукӀэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэри мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъунущ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.
Зыр зым фӀыуэ хущрет, гущӀэгъу зэхуэфщӀ икӀи зым адрейм хуэвгъэгъу, Мэссихь и хьэтыркӀэ Тхьэм фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу.
Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, фигу зыгуэрым ебгъамэ, хуэвгъэгъу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэ мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.
Зым зыр ирешыӀэ икӀи зым зым гукъанэ гуэр хуиӀэмэ, зэхуэвгъэгъу. Мэссихь къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу, фэри зэхуэвгъэгъу.
ЦӀыхухэм фэ хьэкум зэратефщӀыхьым хуэдэу, Тхьэм фэри хьэкум къыфтрищӀыхьынущ икӀи фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм фэ къыфхуипщыжынущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гум гущӀэгъу имылъым Тхьэм гущӀэгъу къыхуимыщӀу хьэкум къытрищӀыхьынущ. Ауэ гущӀэгъур гъэкъуэншэным нэхърэ нэхъ лъэщщ.
Мыхъуну тщӀар къытхуэгъэгъу, мыхъун къыдэзыщӀахэм дэ зэрахуэдгъэгъум хуэдэу.
Тхьэм и бынхэри шейтӀаным и бынхэри зэрызэхэпщӀыхукӀынур мыращ: Щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри Тхьэм и бынхэм ящыщкъым, апхуэдэ дыдэу, зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур Тхьэм и бынхэм ящыщкъым.
Гъуэгу махуэ теуващ гущӀэгъу зиӀэхэр, абыхэм гущӀэгъу ягъуэтынущи.
– Хьэкум зыми тевмыщӀыхьи, Тхьэми хьэкум фэ къыфтрищӀыхьынукъым. Зыри фымыгъэкъуанши, Тхьэми фигъэкъуэншэнукъым. ЦӀыхухэм яхуэвгъэгъу, Тхьэм фэри къыфхуигъэгъунущ.