13 ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».
ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхуу адрей цӀыхухэр зыхуэзэхэм фӀэкӀа фэ фыхуэзакъым. Тхьэр пэжщ, флъэкӀынум нэхърэ нэхъыбэ, гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху фыхуэзэну хуит ищӀынукъым. Ауэ гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху гуэр фыщыхуэзэкӀэ, абы фыпэувыфыну Тхьэм гъуэгу къывитынущ.
Сэ сызэрынолъэӀур ахэр шейтӀаным щыпхъумэну аращ, ахэр дунейм тепхыжыну аркъым.
– Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу. Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфӀэкӀыркъым.
Уафэм къиӀукӀ гупышхуэм я макъышхуэм хуэдэ макъышхуэм жиӀэу зэхэсхащ абы и ужькӀэ: «Аллилуя! Тхьэращ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр. ЩӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ.
Ауэ Зиусхьэныр щыпкъэщ. Абы фи гур игъэбыдэнущ, шейтӀанми фыщихъумэнущ.
Уи Тепщэныгъэшхуэр* кърекӀуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щӀылъэми щрехъу.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъхэм я щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, Тхьэм ахэр къиным къызэрыхишыжыну щӀыкӀэр ещӀэ. Щыпкъагъэ зигу имылъхэми я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, къемэтмахуэм нэсыху къызэрихъумэну щӀыкӀэри ещӀэ абы,
Тхьэм и Къуэуэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар уафэм къызэрехыжынум фыпоплъэ – Тхьэм и губжь къэкӀуэнум дыкъыӀэщӀэзышыжынур Хьисэщ.
Ахэр хэхуащ шынагъуэм, лъхугъэм хэт бзылъхугъэр зыхэхуэ гузэвэгъуэм хуэдэм.
Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ. ЛӀэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыӀэжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ блэкӀа Ӏуэхухэр щыӀэжкъыми.
«Теубыдагъэ зивгъэӀэ», жыхуэсӀа унафэр зэрывгъэзэщӀам щхьэкӀэ дунейм тет псоми ялъагъуну гузэвэгъуэ сыхьэтым фыщысхъумэнущ. А гузэвэгъуэ сыхьэтыр, дунейм тет цӀыхухэм я щыпкъагъэр игъэунэхун щхьэкӀэ, къэсынущ.
Гуэныхь зыщӀэр шейтӀаным и бынщ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ шейтӀаным гуэныхь ещӀэри. Тхьэм и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар шейтӀаным и Ӏуэхухэр игъэкӀуэдыну арщ.
ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.
А къэхъукъащӀэхэм я ужькӀэ Тхьэм игъэунэхуащ Ибрэхьим, мыр къыжриӀэри: – Ибрэхьим! – Сымис сэ, – жиӀащ абы.
Хьисэ Мэссихьщ иджырей дунейм и тепщэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжын, ди Тхьэуэ икӀи ди Адэ лъапӀэм зэрыфӀэигъуам тету, ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, зи псэр зытар.
Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏуэху псоми «Аращ», икӀи «Ӏэмин» яхуэхъуурэ, ахэр къэзыгъэхъур икӀи пэжу къыщӀэзыгъэкӀыр Мэссихьщ, дэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуэтщӀын щхьэкӀэ.
Ин дыдэщ Зиусхьэныр, ди Тхьэм и къалэм Абы щӀыхьышхуэ щыхуащӀ.
Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.
ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ.
Ауэ «Аращ» жыфӀэу псалъэ жыфӀэмэ, абы фытет, «Хьэуэ, аракъым» жыфӀэмэ, абыи фытемыкӀ. Абы къемызэгъыр шейтӀаным и Ӏуэхум щыщщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ умыщӀэ бзэкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм щӀыхь хуэпщӀмэ, мы Ӏуэхухэр зэхэзымыщӀыкӀ цӀыхухэм ящыщ гуэрым уи тхьэщӀыхьым «Ӏэмин» хужиӀэн дауэ зэрылъэкӀынур? ЖыпӀэр къыгурыӀуэнукъым, пэжкъэ?
унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.
Сыту атӀэ уащӀэдэмыщӀэу унэхъуа ахэр – щыӀэжкъым, шынагъуэшхуэм екӀуэдылӀащ!
Тхьэмадэ нэхъыжьу тӀощӀрэ плӀымрэ псэущхьиплӀымрэ щӀым зрадзыхри, тахътэм тес Тхьэр ягъэлъапӀэурэ жаӀащ итӀанэ: «Ӏэмин, аллилуя!»
Уафэми, щӀыми, щӀы щӀагъми, хыми щыпсэууэ Тхьэм къигъэщӀа псэ зыпыт псоми къыжаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФӀыщӀэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, тепщэныгъэшхуэр тахътэм тесымрэ Щынэмрэ яйщ игъащӀэкӀэ».
Лаодикие къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: ӀэминкӀэ зэджэ щыхьэт пэжу икӀи узыщыгугъ хъун щыхьэту Тхьэм къигъэщӀа псори зи ӀэмыщӀэм къикӀам мы псалъэхэр жеӀэ:
ЦӀыхухэм абыхэм ящыщхэр ягъэикӀэурэ икӀи щӀопщкӀэ еуэурэ, гугъуехь ирагъэшэчащ, итӀанэ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэри, лъэхъуэщым щӀадзащ.
ИгъащӀэкӀэ мылӀэжын пащтыхьу, цӀыхухэм ямылъагъуу Тхьэ закъуэм мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэмрэ лъытэныгъэшхуэмрэ ейщ. Ӏэмин.