Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 5:47 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

47 Фэ фи къуэшхэм фӀэкӀа зыми и Ӏэр фымыубыдмэ, егъэлеяуэ сыт фӀыгъэ фщӀэр? Хамэ лъэпкъхэми апхуэдэу ящӀэркъэ?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 5:47
9 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа зыри фӀыуэ фымылъагъужмэ, фэркӀэ сыт хуэдэ фӀыщӀэ абы хэлъыр? ГуэныхьщӀакӀуэхэми фӀыуэ къэзылъагъухэр ялъагъужыркъэ?


Пэжыр нывжызоӀэ, фэ фи щыпкъагъэр торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ я щыпкъагъэм нэхърэ нэхъ ин мыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.


Мыхъун фщӀауэ къыщывэуэкӀэ, фигукӀэ шыӀэныгъэ зивгъэӀэми, фэркӀэ сыт хуэдэ щӀыхь абы хэлъыр? ФӀы фщӀэ пэтми, гугъуехь щывагъэшэчкӀэ, фигукӀэ шыӀэныгъэ зивгъэӀэнырщ Тхьэм игу ирихьыр.


Унэ фыщыщӀыхьэкӀэ, «Тхьэм фэ, мы унэм щӀэсхэм, фигу ирезагъэ», жыфӀи, фӀэхъус ефх.


ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа фӀыуэ фымылъагъужмэ, сыт хуэдэ ӀыхьэфӀ фызыщыгугъыр? Хьэкътын ахъшэр хэзыххэм ар дыдэр ящӀэркъэ?


Аращи, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, ар нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, фи щыпкъагъэми щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, фэ цӀыху нэгъэсауэ фыщытын хуейщ.


Лаодикие къалэм дэс къуэшхэми, Нимфани, абы и унэ щызэхыхьэ члисэ зэхуэсми фӀэхъус схуефхыж.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ