45 фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и бын фыхъун щхьэкӀэ. Абы и дыгъэр цӀыху бзаджэхэми цӀыхуфӀхэми къахукъуегъэкӀ, щыпкъагъэ зигу илъхэми имылъхэми уэшх къахурегъэшх.
Яхуосакъ хэхэсхэм Зиусхьэныр, фызабэм, зеиншэм доӀэпыкъу; ауэ цӀыху бзаджэхэм я гъуэгу кӀуэдыпӀэм хуегъазэ.
Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, абыхэм фӀы яхуэфщӀэ, къыфхуащӀэжынкӀэ фащымыгугъыу щӀыхуэ ефт. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэм къыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр ин хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и бынуи фыщытынущ; фӀыр зыхуэдэр зыгурымыӀуэ цӀыхухэми, цӀыху бзаджэхэми Тхьэр фӀыуэ яхущытщи.
Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэм щыхьэтыншэ зищӀакъым: Уафэм къикӀыу уэшх къытхуригъэшхыу, и игъуэм гъавэр къытхуигъэкӀыу, шхын дыхуимыгъэныкъуэу, дигъэгуфӀэу, фӀыгъуэшхуэхэр къытхуищӀэ зэпытщ.
Тхьэм фӀыуэ илъагъу быну фызэрыщытым щхьэкӀэ абы и лъэужьым фрикӀуэ.
Гъуэгу махуэ теуващ цӀыхухэр зэзыгъэкӀужхэр, абыхэм «Тхьэм ибынкӀэ» еджэнущи.
ФӀыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикӀуэр цӀыху псоми ящӀэнущ.
Хэти, Тхьэм и бынмэ, гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зищӀынущ, Тхьэм абы игу кърилъхьар езым и Псэ ЛъапӀэр арщ икӀи ар Тхьэм и быным и гум сыт щыгъуи илъынущи. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм гуэныхь ищӀэн зэрылъэмыкӀым къыхэкӀэкӀэ Тхьэм и бынми гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зимыщӀын лъэкӀынукъым.
къуаншагъэ лъэпкъ фэ вбгъэдэмылъын икӀи гукъабзагъэ фиӀэн щхьэкӀэ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, цӀыху ерыщу икӀи къуаншэхэм фахэтми, Тхьэм фрибынынущ.