44 Ауэ сэ нывжызоӀэ, фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, гугъуехь фэзыгъэшэч цӀыхухэм Тхьэм фӀыкӀэ фахуелъэӀу,
Гугъуехь фэзыгъэшэчхэм Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэну фахуелъэӀу. Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэну фахуелъэӀу, ахъумэ фемыбг.
Бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ фыпемыгъуэкӀ, къыфщӀэнакӀэм фыщӀэмынэкӀэж. Абы и пӀэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀыр къыфщрехуэ», яжефӀэ; и бынхэм ящыщ фыхъуну Тхьэм фыкъыщӀыхуриджар абы и нэфӀыр къызэрыфщыхуэнур фэ ӀыхьэфӀу къыфлъысыну арщ.
– Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм, – жиӀащ Хьисэ, – ялэжьыр зи щӀысыр къагурыӀуэркъым. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зауэлӀхэм зэхуагуэшыжащ.
КъыхуэхъущӀэу щытахэми яхуэхъущӀэжакъым ар. Гугъуехь езыгъэшэчу щытахэми, «Сэ ар фэзгъэпшыныжынущ», жиӀэу пэувакъым, ауэ а Ӏуэхур Тхьэуэ цӀыхухэм хьэкумыр захуагъэкӀэ ятезыщӀыхьым ирихьэлӀащ.
Лъэгуажьэмыщхьэу тӀысри, макъышхуэкӀэ жиӀащ итӀанэ: – Зиусхьэн, мы гуэныхьыр мы цӀыхухэм я пщэм думылъхьэ! Ар жиӀэри, и псэр хэкӀащ.
Зиусхьэн, си Тхьэ! Зыгуэр сӀэщӀэщӀамэ, си Ӏэхэм ящӀэм захуагъэ хэмылъмэ,
– УнафэщӀэ фхузощӀ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. Сэ фӀыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъу.
Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ премыувыж хэти. Ауэ фэ фӀы зэрызэхуэфщӀэным фыхущӀэкъу, цӀыху псоми фӀы зэрахуэфщӀэнми сыт щыгъуи и ужь фит.
Ауэ Паул макъышхуэкӀэ джэри, жиӀащ: – Лей зумыхыж! Дэ псори мыбы дыщӀэсщ!