42 ЗыгуэркӀэ къолъэӀум ет икӀи щӀыхуэ пӀызыхыну хуейм уи щӀыб хуумыгъазэ.
ФӀы фщӀэнри зыщывмыгъэгъупщэ, фиӀэр нэгъуэщӀ цӀыхухэм ядэвгуэшынри зыщывмыгъэгъупщэ, апхуэдэ къурмэныпхъэхэр Тхьэм и гуапэщи.
ФӀым пэкӀуэу, ар къызапэс, сагъэбий фӀы щӀэным сызэрыпылъым щхьэкӀэ.
Аращи, «Уи бийр мэжалӀэмэ, гъашхэ, псы хуэлӀэмэ, псы егъафэ; апхуэдэу пщӀымэ, фӀамыщӀ плъахэр бийм и щхьэм теплъхьэнущ».
Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.
Къабзэу икӀи щыщӀэгъэнщэу Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ухуэлэжьэныр мыращ: Гузэвэгъуэм хэхуа зеиншэхэмрэ фызабэхэмрэ ядэӀэпыкъуныр, мы дунейм щызекӀуэ бзаджагъэм мысэ уимыщӀу пэӀэщӀэ зыпщӀыныр арщ.
Фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я кӀуэцӀым илъыр тхьэмыщкӀэхэм ефти, псори къабзэ хъунущ фэркӀэ.
Лъэбакъуэ минкӀэ удэкӀуэтэну ухэзыгъэзыхьым лъэбакъуэ минитӀкӀэ дэкӀуатэ.