40 Уи джанэр птрихын щхьэкӀэ, зыгуэр къодауэмэ, уи щыгъын щӀыӀутелъри къыхуэгъанэ абы.
Уи зы нэкӀум къеуэм адрей уи нэкӀури хуэгъазэ. Уи щыгъын щӀыӀутелъыр птезыхым джанэри къыхуэгъанэ.
Пэжым фыхуеймэ, фэ фщыщ гуэрым адрей къуэшыр хеящӀэм и пащхьэм зэрыришэр фэркӀэ емыкӀущ. Апхуэдэу фщӀэ нэхърэ, адрейхэм я ягъэ къывэкӀыну икӀи фыкъагъэпцӀэну хуит фщӀымэ, нэхъыфӀщ.
ауэ сэ нывжызоӀэ, цӀыху бзаджэм фыпэмыув. АтӀэ уи нэкӀу ижьым къеуэ дэтхэнэми, адрей уи нэкӀури хуэгъазэ.
Лъэбакъуэ минкӀэ удэкӀуэтэну ухэзыгъэзыхьым лъэбакъуэ минитӀкӀэ дэкӀуатэ.
ЛӀы гуэрым къишэну къыхиха хъыджэбз зи ныбжь ирикъуар къимышэныр емыкӀуу илъытэмэ, кърешэ, ар гуэныхь хъунукъым. Апхуэдэхэм нэчыхь ирагъуэт.