36 Уи щхьэмкӀи тхьэ умыӀуэ, уэ зы щхьэц налъэ фӀыцӀи хужьи пщӀын плъэкӀынукъыми.
ЩӀэкъу пэтми, хэт фэ фщыщу, зы Ӏэбжьэ нэхъ мыхъуми, и кӀыхьагъым хигъэхъуэн зылъэкӀынур?
Гузавэ пэтми, хэт фэ фщыщу зы сыхьэт закъуэ и гъащӀэм пызыщэн зылъэкӀынур?
ЩӀылъэмкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар Тхьэм и лъэр зытет лъэгущӀэтын лъапӀэщи. ЕрусалимкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар пащтыхьышхуэм и къалэщи.
Ауэ «Аращ» жыфӀэу псалъэ жыфӀэмэ, абы фытет, «Хьэуэ, аракъым» жыфӀэмэ, абыи фытемыкӀ. Абы къемызэгъыр шейтӀаным и Ӏуэхум щыщщ.