35 ЩӀылъэмкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар Тхьэм и лъэр зытет лъэгущӀэтын лъапӀэщи. ЕрусалимкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар пащтыхьышхуэм и къалэщи.
Мыбы фыкъедаӀуэ цӀыху лъэпкъ псори; мыр зэхэфх, дунеишхуэм тет псори –
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехри, мелыӀычым бгы лъагэшхуэ гуэрым сыдришеящ. Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу, къалэшхуэ лъапӀэу Ерусалим сигъэлъэгъуащ абы.
Къалэшхуэ лъапӀэу ЕрусалимыщӀэр Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. НысащӀэ хъунум щауэм зэрызыхуигъэщӀэращӀэм хуэдэу, зигъэхьэзырат абы.
Сыту жыпӀэмэ фӀыщ Зиусхьэныр: игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр, и щыпкъагъэр ялъэӀэсынщ щӀэблэ псоми.
Зиусхьэн, сыкъезыгъэл си Тхьэ! Махуэм нэщхъейуэ сыноджэ, уи пащхьэ сыноувэ жэщым.
Уи щхьэмкӀи тхьэ умыӀуэ, уэ зы щхьэц налъэ фӀыцӀи хужьи пщӀын плъэкӀынукъыми.
«Уафэращ сэ си пащтыхь тахътэр, щӀылъэращ си лъэгущӀэтыныр. Сыт хуэдэ унэ схуэфщӀынур? Дэнэ щыӀэ зыщызгъэпсэхужын щӀыпӀэр?