34 Сэ нывжызоӀэ, фэ тхьэ зэи фӀуэ хъунукъым, уафэмкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар Тхьэм и тахътэщи.
Си къуэшхэ, псоми япэу, тхьэ фымыӀуэ. УафэмкӀи, щӀылъэмкӀи, сыт ищӀыскӀи тхьэ фымыӀуэ. «Аращ», жыфӀэу щытмэ, ар вгъэпэж. «Хьэуэ, аракъым», жыфӀэу щытмэ, ари вгъэпэж, Тхьэм фимыгъэкъуэншэн щхьэкӀэ.
Зиусхьэным ирегъэувыӀэ щытхъу нэпцӀ жызыӀэ жьэ псори, зыщытхъуж бзэгухэр,
«Уафэращ сэ си пащтыхь тахътэр, щӀылъэращ си лъэгущӀэтыныр. Сыт хуэдэ унэ схуэфщӀынур? Дэнэ щыӀэ зыщызгъэпсэхужын щӀыпӀэр?