Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 5:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 Аращи, гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, уи нэ ижьыр къитхъыжи, хыфӀэдзэ. Уэ уипкъ псори жыхьэнмэм хадзэ нэхърэ, уи Ӏэпкълъэпкъым щыщ зы пфӀэкӀуэдмэ, уи дежкӀэ нэхъыфӀщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 5:29
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэмэ, фыкӀуэдынущ, ауэ бзэджагъэ фщӀахэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ вгъэкӀуэдмэ, гъащӀэ щыпкъэр вгъуэтынущ.


Аращи, фи щэныжь бзаджэм и Ӏуэхухэр вгъэкӀуэд: Зинэ щӀэнри, гуфӀеягъи, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, хъуэпсэныгъэ Ӏейхэри, нэпсеягъэри – нэпсеягъэр тхьэ нэпцӀыр бгъэлъэпӀэным хуэдэщ.


Си пкъым гугъуехь изогъэшэч икӀи согъэдаӀуэ, адрей цӀыхухэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэта нэужь, Тхьэм лъэныкъуэ сримыгъэзын папщӀэ.


Ди щэныжьыр бзаджэр Мэссихь щӀыгъуу жорым зэрыраӀулӀар дощӀэ, ди гум илъ гуэныхьым и лъэкӀыныгъэр кӀуэдын щхьэкӀэ. Гуэныхь лэжьыным дрипщылӀыжынукъым дэ афӀэкӀа.


Мэссихь зи псэм щыщ цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьри, фӀыуэ ялъэгъуа бзаджагъэхэри, я хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, зыщӀэхъуэпса Ӏейхэри жорым ираӀулӀащ.


Дуней псор зы цӀыхум ей хъууэ, езыр кӀуэдмэ, а цӀыхум фӀыуэ къыхуэхэкӀынур сыт?


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къашэни дэкӀуэни ялъэмыкӀыну я анэхэм къызэралъхум щхьэкӀэ, языныкъуэ цӀыхухэм къашэнукъым икӀи дэкӀуэнукъым. ЦӀыхухэм языныкъуэхэри яугуэщхъуащи, ар яхузэфӀэкӀынукъым. Языныкъуэхэми, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтын щхьэкӀэ, къашэнуи дэкӀуэнуи ядэркъым. Ар зыщтэн зылъэкӀынум ирещтэ.


Псэр зыукӀын зылъэмыкӀыу, Ӏэпкълъэпкъыр зыгъэкӀуэдхэм фащымышынэ, ауэ псэри Ӏэпкълъэпкъри жыхьэнмэм хэзыгъэкӀуэдэфынум фыщышынэ.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фэ щӀыми хыми къыщывокӀухь, фи диным зы цӀыху закъуэ къивгъэхьэн щхьэкӀэ. Ар къыщывэхъулӀэкӀэ, фэр нэхърэ тӀукӀэ нэхъ Ӏейуэ жыхьэнмэ бын ар фощӀ.


Дуней псор зы цӀыхум ей хъууэ, езыр кӀуэдмэ, а цӀыхум фӀыуэ къыхухэкӀынур сыт? Хьэмэрэ зы цӀыхум и псэм щхьэкӀэ уасэу итыфынур сыт?


Ауэ сэ нывжызоӀэ, и къуэшым хуэгубжь дэтхэнэри хеящӀэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уи щхьэр нэщӀщ!» жезыӀэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уакъылыншэщ!» жезыӀэр жыхьэнмэ мафӀэм хыхьэнущ.


– Фэ, блэхэ! Фэ, блэ щылъхухэ! Жыхьэнмэр унапӀэ фхуищӀащ Тхьэм, абы дауэ фыӀэщӀэкӀын?


Фызыщышынэн хуейр сэ вжесӀэнщ: иукӀар жыхьэнмэм хидзэжыну тепщэныгъэ зиӀэм фыщышынэ. ВжызоӀэ: аращ фызыщышынэн хуейр.


Уи Ӏэ ижьым гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, пыупщӀи, хыфӀэдзэ. Уэ уипкъ псори жыхьэнмэм кӀуэ нэхърэ, уи Ӏэпкълъэпкъым щыщ зы пфӀэкӀуэдмэ, уи дежкӀэ нэхъыфӀщ.


Гъуэгу махуэ теуващ зи гум мыхъун сэр щхьэкӀэ къэзымыгъэкӀыр.


– Ауэ мы цӀыхухэм гукъанэ къытхуамыщӀын щхьэкӀэ, гуэлым кӀуэ, бдзэжьей къунтх хэдзи, япэ къэбубыд бдзэжьейр къапщтэрэ и жьэр зэтепхмэ, дыжьын ахъшэ къыжьэдэпхынущ. Ар къащти, хьэкътыну уэрэ сэрэ щхьэкӀэ абыхэм ет.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ