Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 5:20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

20 Пэжыр нывжызоӀэ, фэ фи щыпкъагъэр торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ я щыпкъагъэм нэхърэ нэхъ ин мыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 5:20
24 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

икӀи ар си псэм щыщын щхьэкӀэ. Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сызэрилъытэм сэ злэжьа ӀуэхуфӀхэм я Ӏуэху хэлъкъым. Сэ жыхуэсӀэр – Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сыщӀилъытэр МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэщ. Торэт хабзэм итхэр згъэзащӀэурэ, абы и Ӏуэху абы хэлъкъым. А щыпкъагъэу сиӀэр Тхьэм деж къокӀ, фӀэщхъуныгъэми тетщ.


ЦӀыху псоми фазэрыгурыӀуэнми гукъабзагъэри зэрывиӀэнми фыхущӀэкъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гукъабзагъэ имыӀэмэ, зыми Зиусхьэныр илъагъунукъым.


Аращи, Мэссихь цӀыху гуэрым и псэм щыщ хъумэ, а цӀыхур Тхьэм щӀэрыщӀэу къигъэхъужащ. А цӀыхум и дуней тетыкӀэу щытар блэкӀащ, дуней тетыкӀэщӀэм щӀидзащ.


– «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жиӀэу сигъэлъапӀэу къызжезыӀэ цӀыхуракъым Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнур, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ.


Къабзэныгъэ зимыӀэр а къалэм дыхьэнукъым. ЕмыкӀу зыщӀи пцӀыупси дыхьэнукъым абы. Зи цӀэр Щынэм и тхылъым иту, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа, а къалэм зыри дыхьэнукъым.


Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сабийм къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэр а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.


Арати, увыпӀэ ямыгъуэту цӀыхур мин бжыгъэкӀэ гупышхуэурэ къыщызэхуэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀэу щӀидзащ: – Фарисейхэм я пщагъэу я бзитӀщхьитӀыгъэм фыхуэсакъ.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, фарисейхэри, фэ, бзитӀщхьитӀхэ, фэ кхъащхьэ хэкӀудэжахэм фахуэдэщи. ЦӀыхухэм гу лъамытэурэ, абыхэм я гущӀыӀум фрокӀуэ.


Бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ мастэнэм махъшэкӀэ икӀыныр нэхъ тыншщ.


Пэжыр нывжызоӀэ, сабийм Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэ дэтхэнэри а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.


Мыпхуэдэ сабийр си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу.


Джыдэр жыг лъабжьэхэм трашэщӀакӀэщ. Аращи фӀыгъуэ къызыпымыкӀ дэтхэнэ жыгри къраупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.


Хьисэ жыхуиӀар щӀакхъуэ пщагъэр артэкъым, атӀэ фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ цӀыхухэм ирагъащӀэу щыта Ӏуэхурт. Абы зыщахъумэн зэрыхуейр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къагурыӀуащ абы щыгъуэ.


ЦӀыхухэр зыгъэкъуаншэ Торэт хабзэм къыдэкӀуа Ӏуэхум щӀыхьышхуэ иӀамэ, цӀыхухэм Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэу зыщӀ и Псэ ЛъапӀэм илэжьа Ӏуэхум абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ щӀыхьышхуэ иӀэн хуейщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ