Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 5:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 – Мусэ и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятха тхылъхэм ярытхэмрэ згъэкӀуэдыну сыкъэкӀуауэ фи мыгугъэ. Ахэр згъэкӀуэдын щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ и кӀэм нэзгъэсыну аращ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 5:17
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм и гугъапӀэр Мэссихьщ икӀи Тхьэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми щыпкъагъэ иӀэу елъытэ.


Ауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀур хэкӀуэдыкӀыным нэхърэ уафэмрэ щӀылъэмрэ нэхъ кӀуэдыжыгъуафӀэщ.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу дримыкӀуэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхухэм щыпкъагъэр дгъэзэщӀэну арщ, щыпкъагъэр дгъэзэщӀэн хуейуэ Торэт хабзэм зэритым хуэдэу.


Апхуэдэу жытӀэмэ Торэт хабзэр фӀэщхъуныгъэмкӀэ дгъэкӀуэдрэ? Хьэуэ, дгъэкӀуэдыркъым, атӀэ Торэт хабзэр догъэщыпкъэ.


Аращи, цӀыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт сыт щӀыгъуи. Аращ Торэт хабзэми бегъымбархэм ятхахэми къарыкӀыр узыхуаущийр.


– ИджыкӀэ апхуэдэу ирехъу, – жэуап иритыжащ абы Хьисэ, – апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ захуагъэ длэжьауэ мэхъури. Ар къыщыжриӀэм, арэзы хъури, Иуан Хьисэ иумэхъащ.


– Хабзэм и унафэм темыту Тхьэр зэрагъэлъапӀэ Ӏэмалхэр мы лӀым цӀыхухэм ярегъащӀэ, – жаӀащ абыхэм.


Щыхьэт нэпцӀхэри къашащ. А щыхьэт нэпцӀхэм мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀыр мы щӀыпӀэ лъапӀэмрэ Торэт хабзэмрэ хущӀэджэ зэпытщ.


Мыпхуэдэхэм мывэкӀэ деуэурэ дыукӀыну, Торэт хабзэм ипкъ иткӀэ, Мусэ бегъымбарым унафэ къытхуигъэнащ. Уэ дауэ уеплърэ?


Мыпхуэдэу жаӀэурэ, зэрыгъэкӀийрт: – Израил щыщ лӀыхэ, фыкъыддэӀэпыкъу! Ди лъэпкъми, ди Торэт хабзэми, мы щӀыпӀэ лъапӀэми къыпэувыну цӀыху псори дэнэкӀи щызыгъэӀущар мы лӀыращ. Абы нэмыщӀу, алыджхэри Тхьэм и унэшхуэм щӀигъыхьэри, мы щӀыпӀэ лъапӀэр иригъэуфӀеящ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ