Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 5:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Уэздыгъэ пигъанэмэ, ар пэгун щӀагъым щӀигъэувэркъым зыми, атӀэ тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ. Унэм щӀэс псоми я деж нэхур нос итӀанэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 5:15
10 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ абыхэм яжриӀащ и ужькӀэ: – Уэздыгъэр къыщӀахьыр пэгун щӀагъым е гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀагъэувэн щхьэкӀэкъым, атӀэ уэздыгъэ тегъэувапӀэ лъагэм трагъэувэн щхьэкӀэкъэ?


– Уэздыгъэ пигъанэу, ар плӀанэпэ пхыдза гуэрым дигъэувэркъым зыми, е пэгун щӀагъым щӀигъэувэркъым, атӀэ унэм къыщӀыхьэхэм и уэздыгъэ нэхур ялъагъун щхьэкӀэ, ар тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ.


– Уэздыгъэ пигъанэу, пэгун щӀагъым е гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀигъэувэркъым зыми, атӀэ унэм къыщӀыхьэхэм уэздыгъэ нэхур ялъагъун щхьэкӀэ, ар тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ.


КӀыфӀыгъэ хэмылъу уипкъ псом нэхур щызмэ, уи пкъыр зэрыщыту нэху щытынущ, уэздыгъэ нэхум укъызэригъэнэхум хуэдэу.


къуаншагъэ лъэпкъ фэ вбгъэдэмылъын икӀи гукъабзагъэ фиӀэн щхьэкӀэ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, цӀыху ерыщу икӀи къуаншэхэм фахэтми, Тхьэм фрибынынущ.


ПэшитӀ зиӀэ шэтыр гуэр ягъэуващ. Япэрей пэшу Пэш ЛъапӀэкӀэ зэджэм и кӀуэцӀым уэздыгъэ тегъэувапӀэр, Ӏэнэр, Тхьэм и пащхьэм ягъэтӀылъа щӀакхъуэр щӀэлъащ.


Фыкъызэхуэхар зыхуэдизыр зыщывмыгъэгъупщэ. Гуэныхьу фщӀахэм фахущӀегъуэжи, нэхъапэм Ӏуэхухэр фщӀэуэ зэрыщытам хуэдэу влэжь. Фи гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, сэ сынэкӀуэнурэ, фи уэздыгъэ тегъэувапӀэр Ӏусхыжынущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ