14 – Дунейм и нэхур фэращ. Бгыщхьэм тет къалэр пхущӀэуфэн?
къуаншагъэ лъэпкъ фэ вбгъэдэмылъын икӀи гукъабзагъэ фиӀэн щхьэкӀэ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, цӀыху ерыщу икӀи къуаншэхэм фахэтми, Тхьэм фрибынынущ.
Хьисэ цӀыхухэм аргуэру яжриӀащ: – Дунейм и нэхур сэращ. Сэ си ужь къиувэр кӀыфӀыгъэм хэтынукъым, атӀэ гъащӀэм и нэхур игъуэтынущ.
Фэ псори нэхум фрибынщ, махуэми фрибынщ. Дэ жэщым икӀи кӀыфӀыгъэм я бынхэм дащыщкъым.
Нэхум и бын фыхъун щхьэкӀэ, нэхум фщӀыгъуху, нэхумкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ. А псалъэхэр жиӀа нэужь, абыхэм яхэкӀыжри, Хьисэ ямылъагъуж хъуащ.
ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм гъусэ фахуэхъуу зы бжьым фадэщӀэмыувэ. Щыпкъагъэмрэ бзаджагъэмрэ гъусэ дауэ зэхуэхъун? Нэхугъэмрэ кӀыфӀыгъэмрэ сыткӀэ зэпха?
Иуан нэху идзу блэ уэздыгъэм хуэдэт. Абы и нэхум тэлайкӀэ фригуфӀэну фыхуеящ.
Си Ӏэ ижьымкӀэ сӀыгъа вагъуиблымрэ дыщэм къыхэщӀыкӀа уэздыгъэ тегъэувапӀиблымрэ къикӀыр мыращ: Вагъуиблым къикӀыр члисэ зэхуэсиблым я мелыӀычхэр арщ. Уэздыгъэ тегъэувапӀиблым къикӀыр члисэ зэхуэсиблыр аращ».
Сэ дунейм сытетыхукӀэ, дунейм и нэхур сэращ.
Фыкъызэхуэхар зыхуэдизыр зыщывмыгъэгъупщэ. Гуэныхьу фщӀахэм фахущӀегъуэжи, нэхъапэм Ӏуэхухэр фщӀэуэ зэрыщытам хуэдэу влэжь. Фи гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, сэ сынэкӀуэнурэ, фи уэздыгъэ тегъэувапӀэр Ӏусхыжынущ.