12 Фытхъэ, хуабжьу фыгуфӀэ, Тхьэм уафэм ӀыхьэфӀу къыщыфхуигъэфэщэнур инщи. Фэ фяпэкӀэ бегъымбархэми гугъуехь ирагъэшэчу щытащ апхуэдэу.
– А махуэм фыгуфӀэ, фыгуфӀэурэ фыдэпкӀей, Тхьэм уафэм къыщыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр инщи. А цӀыхухэм я адэжьхэр бегъымбархэм апхуэдэу дызекӀуэу щытащ,
Си къуэшхэ, фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехь зэхуэмыдэхэм фыхуэзэмэ, ар гуфӀэгъуэу флъытэ,
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и цӀыхухэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр фэри влэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ къызэрыфлъысынур фощӀэри. Зиусхьэн Мэссихьщ фызыхуэлажьэр.
Мэссихь ишэча гугъуехьхэмкӀэ Ӏыхьэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ фыгуфӀэ, Мэссихь щӀыхьышхуэ иӀэу къыщылъэгъуэну махуэм гуфӀэгъуэшхуэ фиӀэнущи.
Иджы, сэ си фӀагъ фэ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, гугъуехь сыхэтми, согуфӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь и пкъ, члисэ зэхуэсым, си фӀагъ езгъэкӀын папщӀэ, сэ сшэчын хуейуэ Мэссихь схухиха гузэвэгъуэхэр иджы сипкъкӀэ сшэчурэ и кӀэм нызогъэс.
Абы и закъуэкъым: дэ тшэч гузэвэгъуэхэми дащогуфӀыкӀ, гузэвэгъуэ шэчыным теубагъэ къызэрыхэкӀыр дощӀэри.
Лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхузиӀэ си Тхьэр къыздеӀэнщ; си бийхэм ятекӀуауэ Тхьэм сигъэлъагъунщ.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.
ЦӀыхум фӀэщхъуныгъэ имыӀэмэ, Тхьэм игу ирихьынукъым; Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуей дэтхэнэми Тхьэр зэрыщыӀэмкӀи Тхьэм и гъуэгум лъыхъуэхэм я ӀыхьэфӀыр зэралъигъэсымкӀи фӀэщхъуныгъэ иӀэн хуейщи.
Зиусхьэну Хьисэрэ бегъымбархэмрэ журтхэм яукӀащ, дэри гугъуехь дагъэшэчащ. Ахэр Тхьэм и гум дэмыхьэ цӀыхущ, цӀыху псоми я бийщ.
Фэ Тхьэм хуэфщӀ къурмэныпхъэр фи фӀэщхъуныгъэр арщ. А къурмэныпхъэм сэ си гъащӀэм илъ хэлъэда хъуми, сыгуфӀэнущ икӀи фэ псоми сывигъусэу сыгуфӀэнущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ.
Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэр абыхэм Хьисэ и цӀэкӀэ къекъуэншэкӀыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщамкӀэ гуфӀэу, апостолхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэ унэм къыщӀэкӀыжащ.
– ФынэщӀын щыхъукӀэ, цӀыху фэрыщӀхэм ещхьу нэщхъеифэ зытевмыгъауэ; зэрынэщӀыр цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэ, абыхэм я нэщхъыр зэхалъхьэ. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.
Жылэхэр хэзысэри псыр щӀэзыгъэлъадэри зэхуэдэщ. Хэти и Ӏуэхум пэкӀуэ и Ӏыхьэр игъуэтынущ.
Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, абыхэм фӀы яхуэфщӀэ, къыфхуащӀэжынкӀэ фащымыгугъыу щӀыхуэ ефт. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэм къыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр ин хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и бынуи фыщытынущ; фӀыр зыхуэдэр зыгурымыӀуэ цӀыхухэми, цӀыху бзаджэхэми Тхьэр фӀыуэ яхущытщи.
А къэхъукъащӀэхэм я ужькӀэ Зиусхьэныр Ибрам къыхуэлъагъуэри и псалъэ къылъигъэсащ: – Умышынэ, Ибрам; Сэ уэ СыуимэӀухущ; уи ӀыхьэфӀыр ин хъунущ.
Паулрэ Силэрэ Тхьэм елъэӀуурэ, тхьэщӀыхь уэрэдхэр жаӀэу щӀадзащ жэщ ныкъуэм. Лъэхъуэщым щӀэс адрей цӀыхухэри къедаӀуэрт.
– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым.
Мысырым и мылъку псоми нэхърэ Мэссихь щхьэкӀэ езыр ягъэпудыныр нэхъ къулеигъэу илъытащ, ӀыхьэфӀу къылъысынум пэплъу щытащи.
МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэным и мызакъуэу, Мэссихь щхьэкӀэ гугъуехь фшэчынуи Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ хуит фищӀащ.
Лъэхъуэщым щӀэсхэм гугъуехь ядэфшэчырт. ЦӀыхухэм фи мылъкур зэрыфтрахар фигуапэу къабыл фщӀащ, абы нэхърэ нэхъ мылъкуфӀу мыкӀуэдыжынур уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэрти.
Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, нэгъуэщӀ пащтыхьыгъуэхэм ятекӀуащ, захуагъэр ягъэпсащ, Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэри яӀэ хъуащ. Аслъэнхэм я жьэхэр ягъэбыдащ,
Си къуэшхэ, Зиусхьэным и цӀэкӀэ къэпсэлъа бегъымбархэм щапхъэ ятефх. Гугъуехь яшэч щыхъум, шыӀэныгъэ зрагъэӀащ.