Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 4:24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

24 Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 4:24
41 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

жиӀащ: – Зи щӀыхь ин, си къуэм гущӀэгъу къыхуэщӀ. МазэщӀэр къыщыунэхукӀэ, хьэзабышхуэ телъщ абы. МафӀэми псыми куэд дыдэри хохуэ.


– Уа зи щӀыхь ин, пкъыуэ хъуауэ, гугъуехьышхуэ телъу си унэӀутыр унэм щӀэлъщ.


Апхуэдэу щыт пэтми, Хьисэ и хъыбар нэхъапэм нэхърэ нэхъыбэу цӀыхухэм ялъэӀэс хъуащ. Хьисэ жиӀэхэм едэӀуэну, я узыфэхэри ирагъэгъэхъужыну цӀыху гупышхуэхэр абы деж къакӀуэрт.


Мыбы щыгъуэщ цӀыхухэр япэ дыдэ щабжар. Ар къыщыхъуар Сирие хэкум и Ӏэтащхьэу Квириние зи цӀэм и зэманыращ.


Къыщыхуашэм, Хьисэ жин бзаджэм егийри, жиныр щӀалэм хэкӀыжащ. ЩӀалэри асыхьэтым хъужащ.


А лъэныкъуэм къикӀа, Ханаан хэкум щыщ цӀыхубз гуэр Хьисэ деж къакӀуэри, кӀий-гуоуэ жиӀащ абы щыгъуэ: – Зиусхьэну Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ. Жин бзаджэ гуэрым си пхъур хуабжьу гугъу ирегъэхь.


Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы нэф икӀи бзагуэ гуэр Хьисэ деж къашащ цӀыхухэм. Хьисэ лӀым и бзэр къригъэутӀыпщыжьащ, и нэхэри къригъэплъэжащ.


Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.


Мыпхуэдэ тхылъ ятхри, абыхэм иратащ: «Фи къуэшхэу апостолхэми нэхъыжьхэми, фэ хамэ лъэпкъхэм ящыщ къуэшхэу Антиохие къалэм дэсхэми, Сирие, Киликие хэкухэм исхэми фӀэхъус фыдох.


Абы ирихьэлӀэу, цӀыху зыбжанэ къэкӀуащ; абыхэм ящыщ цӀыхуиплӀым пкъыуэ хъуа лӀы гуэр къахьырт.


Пщыхьэщхьэм дыгъэр къухьа нэужь, сымаджэхэмрэ жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху псомрэ Хьисэ къыхуашащ.


Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.


Члисэ зэхуэсхэм ящыщхэр ягъэгушхуэурэ, Сирие, Киликие хэкухэр зэхакӀухьащ абыхэм.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Хьисэ Галилей хэкум игъэзэжащ итӀанэ. Хьисэ теухуа хъыбарыр а хэку псом щызэлъащӀысащ.


Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Галилей хэку псом дэнэкӀи псынщӀэу щызэлъащӀысащ.


Пщы Ирод, Хьисэ и хъыбарыр зэхихати,


НэгъуэщӀхэми жаӀэрт: – А псалъэхэр жин бзаджэм иӀыгъ цӀыхум ейкъым. Жин бзаджэм нэфым и нэхэр къигъэплъэжын лъэкӀыну?


Хьисэ къалэ псори, жылэ псори къызэхикӀухьырт. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм щаригъащӀэрт синэгуэгухэм, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым щӀигъэдаӀуэрт, уз зыпкърыт дэтхэнэ цӀыхури дэтхэнэ цӀыху гукъыдэмыжри игъэхъужырт.


А телъыджэм и хъыбар хэку псом щызэлъащӀысащ.


Гуэлым и адрыщӀым ит хэкуу Гергесэ къалэр зэрытым щынэсым, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыхуитӀ кхъэлэгъунэхэмкӀэ къикӀри, Хьисэ къыпежьащ. АбыкӀэ зыри бламыгъэкӀыу, цӀыху Ӏэлт ахэр.


Ауэ кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжщ, къалэм дэлъэдэжри, къэхъуа псори жин бзаджэм иӀыгъ лӀитӀым къащыщӀари яӀуэтэжащ.


ЦӀыхухэр апхуэдизкӀэ Ӏувти, сымаджэр Хьисэ бгъэдахьэн яхузэфӀэкӀакъым. Апхуэдэу щыхъум, унащхьэм драхьейщ, Хьисэ здэщыӀэм деж унащхьэм щыщ трахри, сымаджэр алэрыбгъум телъу ирагъэлэлэхащ.


Сытыра нэхъ тыншыр: пкъыуэ хъуа лӀым, «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жепӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэдж, уи алэрыбгъур къащти, ежьэж» жепӀэныра?


Синэгуэгум къыщӀэкӀыжри, Хьисэ Симон и унэм щӀыхьащ. Симон и щыкъу анэр плъыржьэр гуащӀэм хуабжьу хигъэзыхьауэ пӀэм хэлът. Ар игъэхъужыну Хьисэ елъэӀуащ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр фщӀэн щхьэкӀэ, – жиӀэщ, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым зыхуигъазэри жриӀащ: – Уэ ныбжызоӀэ, къэтэдж, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэд зыӀыгъ жин бзаджэхэр кӀийуэ яхэкӀырт, зи пкъыуэ хъуа цӀыху куэди лъашэхэри Филипп игъэхъужырт.


Аращи, Хьисэ ищӀам и хъыбарыр Иудей хэку псоми абы и Ӏэхэлъахэ псоми щызэлъащӀысащ.


Апхуэдэу щыхъум, хытӀыгум щыпсэу нэгъуэщӀ сымаджэхэри Паул деж къакӀуэурэ, ахэри игъэхъужащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ