20 Яхъхэр а сыхьэтым къагъанэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.
– Мис, дэ диӀа псори къэдгъанэри, уи ужь дыкъиуващ, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. – Абы щхьэкӀэ дэ ӀыхьэфӀу къэдгъуэтынур сыт?
– Ар хэтуи щрет, сэ фӀыуэ сызэрилъагъум нэхърэ и адэр е и анэр нэхъыфӀу зылъагъур сэ къысхуэфащэкъым. Сэ сыкъы-зэрилъагъум нэхърэ и къуэр е и пхъур нэхъыфӀу зылъагъур, ар хэт щыщми, сэ къысхуэфащэкъым.
Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Си ужь фыкъиувэ. Бдзэжьей къэвубыдын папщӀэ, я ужь фызэритам ещхьу, си гъуэгу къытевгъэхьэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм яужь фызэрихьэнур фэзгъэщӀэнущ.
АдэкӀэ кӀуэурэ, нэгъуэщӀ зэшитӀи, Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ, ирихьэлӀащ Хьисэ. Абыхэм, я адэ Зеведей я гъусэу, кхъуафэжьейм ису, яхъхэр ягъэхьэзырырт. Хьисэ ахэри къриджащ.
Я кхъуафэжьейхэр псы уфэм къралъэфэлӀэжа нэужь, псори къагъанэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.