9 «Ибрэхьимщ дэ ди адэр» жывмыӀэххэ! Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэми Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.
Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. «Ибрэхьимщ дэ ди адэр», жывмыӀэххэ. Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэм Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.
– Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм дащыщщ дэ, игъащӀэм зэи зыми дрипщылӀакъым, – къыжраӀащ абыхэм. – «Щхьэхуит фыхъужынущ» жыхуэпӀэм сыт къибгъэкӀыр?
Ди адэшхуэ Ибрэхьим теухуауэ сыт жытӀэнур? Езыр-езыру сыт илэжьар?
(Паул итӀанэ къыщӀигъужащ:) – Ибрэхьим къытехъукӀа си къуэшхэ, фэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэ, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр къызылъэӀэсар дэращ.
Ар щилъагъум, джащ: «Ди адэ Ибрэхьим, гущӀэгъу къысхуэщӀ, Лазар къысхуэгъакӀуи, абы и Ӏэпэр псым хищӀэм, си бзэгум къытрилъхьэурэ ирегъэупщӀыӀу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы мафӀэм сыхэтщи, хьэзаб стелъщ».
Ди адэшхуэ Ибрэхьим нэхърэ уэ унэхъыщхьэ? Ар лӀащ, бегъымбархэри лӀащ, ухэту зыплъытэжрэ уэ?
Абыхэм ягукӀэ жаӀэр ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ: – Сыт фэ фигукӀэ апхуэдэ щӀыжыфӀэр?
– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и кӀуэцӀымрэ и гумрэщ мыхэр къызэрыкӀыр: гупсысэ бзаджэхэр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыху укӀыныр,
Тхьэр езым и цӀэкӀэ зэджэну лъэпкъыр къыхихын щхьэкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм япэщӀыкӀэ зэреплъар Симон зэхыдигъэщӀыкӀащ.
– Сэ нывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – абыхэм щагъэтмэ, мывэхэр къэгуоунущ.
Хьисэ къезыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукӀэ жиӀащ: – Мыр бегъымбару щытатэмэ, мы къеӀуса цӀыхубзыр зыхуэдэр, ар гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжьу зэрыщытыр къищӀэнт.
Арати, егупсысри, и щхьэм хужиӀэжащ: «Сыт сщӀэнур? Си гъавэр зэрыслъхьэн гуэн сиӀэкъым».
Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм фазэрыщыщыр сощӀэ, ауэ си псалъэхэр фигу илъкъыми, сывукӀыну си ужь фитщ.