Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 3:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Ерусалим дэс цӀыхухэри, Иудей хэку псом ис цӀыхухэри, Иордан псым и Ӏэхэлъахэм зэкӀэ щыпсэу цӀыхухэри Иуан деж кӀуащ абы щыгъуэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 3:5
9 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Иудей хэку псом ис цӀыхухэри Ерусалим дэс цӀыху псори Иуан деж кӀуащ. Гуэныхьу ящӀамкӀэ заумысыжурэ, Иордан псым Иуан зыщрагъэумэхъащ абыхэм.


Иуан нэху идзу блэ уэздыгъэм хуэдэт. Абы и нэхум тэлайкӀэ фригуфӀэну фыхуеящ.


Салим жылэм пэгъунэгъуу Енон зи цӀэ щӀыпӀэм псы куэд щыӀэти, Иуан цӀыхухэр абы щиумэхъырт. Ахэр Иуан деж къакӀуэрти, зрагъэумэхъырт.


– Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятхахэм итхэмрэ Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм адрей цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу щытащ, умэхъакӀуэ Иуан и махуэхэм нэсыху. Абы къыщыщӀэдзауэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэ икӀи хэти а Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэну пӀэщӀэгъуэкӀэ щӀокъу.


Иуан зезыгъэумэхъыну къежьа цӀыху куэдым яжриӀащ: – Фэ, блэ щылъхухэ! Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар?


Галилей хэкуми, КъалипщӀ зи цӀэ хэкуми, Ерусалими, Иудей хэкуми, Иордан псым и адрыщӀым щыщхэри Хьисэ и ужь гупышхуэу иуващ.


Ирод пащтыхьым и тетыгъуэм Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэм къалэм Хьисэ къыщалъхуа нэужь, тхьэгурымагъуэхэр къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀри, Ерусалим къэкӀуащ.


Иуан, Иорданыпсым и Ӏэхэлъахэ псори къызэхикӀухьым, цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ