Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 3:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Ар имыдэу, Иуан Хьисэ мыпхуэдэу жриӀащ: – Уэ сэ езыр сыбумэхъын хуейщ. Зызбгъэумэхъын щхьэкӀэ укъысхуэкӀуауэ ара уэ?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 3:14
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм фызэрибыным щхьэкӀэ абы и Къуэм и Псэ ЛъапӀэу «Аббэ, ди Адэ!» жызыӀэу фи гум кърилъхьащ.


Дунейм и цӀыху псори гуэныхьым и ӀэмыщӀэм зэрилъыр Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ. Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр Тхьэм къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ а цӀыхухэм ягъуэтыжын папщӀэщ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр абы и лъыуэ жорым щыщӀэкӀынумкӀэ Тхьэм езым зригъэкӀужын щхьэкӀэ, Хьисэ къурмэныпхъэу игъэуващ. Тхьэр зэрызахуэр къигъэлъэгъуэну аращ Хьисэ къурмэныпхъэу щӀигъэувар. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр гущабэщи, пасэм цӀыхухэм гуэныхьу ящӀахэр яригъэпшыныжыгъакъым.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми гуэныхь ящӀащ, Тхьэм деж къикӀ щӀыхьышхуэмкӀи Ӏыхьэ яӀэкъым.


Езым и фӀыгъуэшхуэм щыщу зы нэфӀ щыхуэныгъэр адрей нэфӀ щыхуэныгъэм къыкӀэлъыкӀуэу къытлъигъэсащ.


Сэ сыхэт, си Зиусхьэным и анэр си деж къэкӀуэну?


Галилей хэкум къикӀри, абы щыгъуэ Хьисэ Иордан псым и Ӏуфэм къэкӀуащ, Иуан зригъэумэхъын щхьэкӀэ.


– ИджыкӀэ апхуэдэу ирехъу, – жэуап иритыжащ абы Хьисэ, – апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ захуагъэ длэжьауэ мэхъури. Ар къыщыжриӀэм, арэзы хъури, Иуан Хьисэ иумэхъащ.


Фи деж сынэкӀуэну куэдрэ си гум илъу зэрыщытар фщӀэн хуейщ, си къуэшхэ, ауэ иджыри къэс Ӏуэху гуэр къыслъыкъуэкӀыурэ къекӀуэкӀащ. НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я деж фӀыгъуэ къызыхэкӀ Ӏуэху зэрыщысщӀам хуэдэу, фи дежи Ӏуэху щызлэжыну сыхуейщ.


Абы нэмыщӀу, адрей дин пашэхэр куэд хъуащ, Тхьэм дин пашэу сыт щыгъуи хуэлэжьэну лӀэныгъэм ахэр хуит ищӀакъыми.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ