Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 28:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 И гъуэгу ирикӀуэхэм хъыбарыр хуаӀуэтэжыну а цӀыхубзхэр здэкӀуэм, Хьисэ абыхэм напӀэзыпӀэкӀэ къахуэзэри, къажриӀащ: – Фыпсэу! Ахэр Хьисэ бгъэдэлъадэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэри, и лъакъуэхэр яубыдащ. Хьисэ къажриӀащ:

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 28:9
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ щалъагъум, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьащ; ауэ ар зи фӀэщ мыхъу гуэрхэр абыхэм яхэтт.


ЩыувыӀэжым, кхъуафэжьейм исхэр лъэгуажьэмыщхьэу Хьисэ и пащхьэм итӀысхьэри, жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, уэ Тхьэм ури-Къуэщ.


– Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ, – жриӀащ Фомэ Хьисэ.


Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ щӀыхь хуащӀу, ахэр лъэгуажьэмыщхьэу тӀысащ. ГуфӀэгъуэшхуэр яӀэу, Ерусалим ягъэзэжащ итӀанэ.


Нард зи цӀэ къэкӀыгъэм и дагъэ къабзэу икӀи лъапӀэу, мэ гуакӀуэ къызыпихым щыщ зы барщыбэ къищтэщ, Хьисэ и лъакъуэхэм щихуэри, и щхьэцымкӀэ илъэщӀыжащ Марфэ. Дагъэм и мэ гуакӀуэр унэм щӀэз хъуащ.


Хьисэ и щӀыбагъкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, апхуэдизкӀэ хуабжьу гъати, и нэпсхэмкӀэ Хьисэ и лъакъуэхэр псыф ищӀащ. Абы и щхьэцымкӀэ Хьисэ и лъакъуэхэр илъэщӀыжащ, и лъакъуэхэм ба яхуищӀащ, дагъэ лъапӀэм щыщи щихуащ.


ФыкъэдаӀуэ, шейтӀаным и зэхуэсым щыщу, пцӀы зыупсу, журткӀэ зэджэж мыжуртхэр – ахэр сэ къэзгъэкӀуэнурэ, фи пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу щызгъэтӀысынущ, фӀыуэ фызэрыслъагъури ящӀэнущ.


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ.


А махуэ дыдэм, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм и пщыхьэщхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр унэ гуэрым щызэӀущӀащ. Журтхэм ящышынэрти, ахэр щызэӀущӀа унэм и бжэхэр къагъэбыдэжащ. Хьисэ абыхэм я деж къакӀуэщ, жыхафэгум къытеувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!


Мэрием здэщыӀэм къакӀуэри, мелыӀычым жиӀащ: – ГуфӀэ уэ, Тхьэм и нэфӀ зыщыхуар. Зиусхьэныр уи гъусэщ.


ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀынри «дин егъэджакӀуэкӀэ» зрагъэджэнри ящӀасэщ.


Арати, цӀыхубзхэр кхъэлэгъунэм бгъэдэкӀыжри, шына-гъуэмрэ гуфӀэгъуэшхуэмрэ зэщӀащтауэ, хъыбарыр хуаӀуэтэжыну, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж щӀэпхъуащ.


– Фымышынэ. ФыкӀуи, си къуэшхэм Галилейм кӀуэну яжефӀэ. Абдеж сыщалъагъунущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ