8 Арати, цӀыхубзхэр кхъэлэгъунэм бгъэдэкӀыжри, шына-гъуэмрэ гуфӀэгъуэшхуэмрэ зэщӀащтауэ, хъыбарыр хуаӀуэтэжыну, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж щӀэпхъуащ.
Зиусхьэным фыфӀэлӀыкӀыурэ фыхуэлажьэ, фи гур къилъэту фыгуфӀэ*.
ЦӀыхубзхэм я гур апхуэдизкӀэ хэщӀати, кхъэлэгъунэм кӀэзызу къыщӀэкӀыжри, ежэжьащ. Зыми зыри жраӀакъым, хуабжьу шынати.
Пэж дыдэр вжызоӀэ, фэ фыгъынущ икӀи фыпыхьэнущ, ауэ дунейм и цӀыхухэр гуфӀэнущ. Фэ фигу къеуэнущ, ауэ фэ фи гукъеяуэм гуфӀэгъуэкӀэ зызэблихъунущ.
Апхуэдэу, фэри гукъеяуэ фиӀэщ иджы, ауэ сэ аргуэру фыслъагъужынущ. Абы щыгъуэ фэри фыгуфӀэжынущ, фи гуфӀэгъуэри зыми фтрихыжынукъым.
ИтӀанэ псынщӀэу фыкӀуи, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм яжефӀэ: «Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Фэ фяпэ ар Галилейм кӀуэнущ. Абдеж ар щыфлъагъунущ». Аращ, хъыбарыр сэ вжесӀащ.
И гъуэгу ирикӀуэхэм хъыбарыр хуаӀуэтэжыну а цӀыхубзхэр здэкӀуэм, Хьисэ абыхэм напӀэзыпӀэкӀэ къахуэзэри, къажриӀащ: – Фыпсэу! Ахэр Хьисэ бгъэдэлъадэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэри, и лъакъуэхэр яубыдащ. Хьисэ къажриӀащ: