6 Ар мыбдежым щыӀэжкъым. ЗэрыжиӀам хуэдэу, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Фыбгъэдыхьи, Зиусхьэныр здэщылъа щӀыпӀэм феплъ.
– Фымыгузавэ, – къажриӀащ щӀалэм абыхэм. – Назарет щыщ Хьисэу жорым ираӀулӀам фызэрылъыхъуэр сощӀэ. Ар мыбдежым щыӀэжкъым. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ! Мыращ зыщӀалъхьэжауэ щыта щӀыпӀэр.
Инус бегъымбарыр бдзэжьей иным и ныбэм жэщищ-махуищкӀэ зэрилъам ещхьу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри щӀылъэм и кууупӀэм жэщищ-махуищкӀэ щӀэлъынущ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягуригъаӀуэу хуежьащ а зэманым къыщыщӀэдзауэ: – Сэ Ерусалим сыкӀуэн хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми гугъуехь куэд сагъэшэчын икӀи саукӀын хуейщ, ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжын хуейщ ещанэ махуэм.
ауэ Хьисэ и хьэдэр ягъуэтыжакъым. Къыщагъэзэжым, мелыӀычитӀ къахуэкӀуэри, абыхэм Хьисэ псэууэ къыжраӀауэ къыджаӀэжащ.
– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.
– Зиусхьэн, а пцӀыупсыр щыпсэум щыгъуэ, «Махуищ нэужьым лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжынущ» зэрыжиӀэгъар дигу къэкӀыжащ, – жаӀащ абыхэм.
– Мы тхьэ унэр зэхэфкъути, сэ махуищкӀэ зэтезгъэувэжынщ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм мыпхуэдэу яригъащӀэу щӀидзащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми ар зыхахун икӀи яукӀын хуейщ, ауэ яукӀа нэужь, махуищ дэкӀмэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.
Си псэр зыхэзгъэхьэжыну зэрыстыр арщ Адэ лъапӀэм фӀыуэ сыкъыщӀилъагъур.
Петр тэджри, кхъэлэгъунэм жащ. Зригъэзыхыу, кхъэлэгъунэм щыщӀэплъэм, чэсей хужь джэбынхэм фӀэкӀа зыри илъэгъуакъым. А къэхъуар игъэщӀагъуэу, и унэм игъэзэжащ.
икӀи къыщыдыхьэшхынурэ щӀопщкӀэ къеуэнущ, жорым ираӀулӀынурэ ар хамэ лъэпкъхэм ӀэщӀалъхьэнущ; ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ещанэ махуэм.
абыхэм ар яукӀынущ, ауэ ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ещанэ махуэм. Хьисэ ар щажриӀэм, абыхэм зэхахар хуабжьу гущӀыхьэ ящыхъуащ.
Бгым къыщехыжым, абыхэм унафэ яхуищӀащ Хьисэ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лӀахэм къахэтэджыкӀыжыху, флъэгъуар зыми хуэвмыӀуэтэж.
Ауэ Тхьэм ар лӀэныгъэм и гугъуехь шэчыным хишыжри, лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ажалыр абы пэлъэщакъым.