10 – Фымышынэ. ФыкӀуи, си къуэшхэм Галилейм кӀуэну яжефӀэ. Абдеж сыщалъагъунущ.
Тхьэм къыхиха цӀыхухэр езым и Къуэм хуэдэ хъуну игъэуващ, и Къуэр къуэш куэдым я пэ итын щхьэкӀэ.
– УкъызэмыӀусэ, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм деж иджыри сыдэкӀуеижакъым, си къуэшхэм я деж кӀуэи, яжеӀэ: «Сэ си Адэу, фэри фи Адэу, сэ си Тхьэу, фэри фи Тхьэм деж сыдэкӀуеижынущ».
ИтӀанэ псынщӀэу фыкӀуи, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм яжефӀэ: «Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Фэ фяпэ ар Галилейм кӀуэнущ. Абдеж ар щыфлъагъунущ». Аращ, хъыбарыр сэ вжесӀащ.
Ауэ фэ фыкӀуи, Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей цӀыхухэмрэ яжефӀэ: «Фэ фяпэ ар Галилейм кӀуэнущ. КъызэрывжиӀам тетуи, ар абы щыфлъагъунущ».
– Фымышынэ! – яжриӀащ мелыӀычым цӀыхубзхэм. – Жорым ираӀулӀа Хьисэ фызэрылъыхъуэр сощӀэ.
Хьисэ абыхэм къажриӀащ а сыхьэтым: – Фымыдзыхэ, сэращ ар, фымышынэ!
Ауэ Хьисэ яжриӀащ: – Сэращ ар, фымышынэ!
– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр ныв-жызоӀэ, мы цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэвмыщӀар сэ къысхуэвмыщӀауэ мэхъу».
– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр нывжызоӀэ, си къуэш* я нэхъ цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэфщӀар сэ къысхуэфщӀауэ мэхъу».
Ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжа нэужь, фэ фяпэ къихуэу Галилей хэкум сыкӀуэнущ.
И гъуэгу ирикӀуэхэм хъыбарыр хуаӀуэтэжыну а цӀыхубзхэр здэкӀуэм, Хьисэ абыхэм напӀэзыпӀэкӀэ къахуэзэри, къажриӀащ: – Фыпсэу! Ахэр Хьисэ бгъэдэлъадэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэри, и лъакъуэхэр яубыдащ. Хьисэ къажриӀащ:
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузыр абы и ужькӀэ Галилейм кӀуэри, езым жыхуиӀэгъа Ӏуащхьэм дэкӀащ.