1 Щэбэтыр блэкӀауэ, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, нэху щыщым, Магдалэ щыщ Мэриемрэ адрей Мэриемрэ кхъэлэгъунэм еплъыну кӀуащ.
Абыхэм яхэтт: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Зеведей и къуэхэм я анэ, нэгъуэщӀ Мэрием. Ар Екъубрэ Иосийрэ я анэт.
ИтӀанэ унэм кӀуэжри, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэхэмрэ дагъэ лъапӀэхэмрэ ягъэхьэзыращ хьэдэм щахуэну. Хабзэм тету, щэбэт махуэм загъэпсэхужащ абыхэм.
Магдалэ жылэм щыщ Мэриемрэ адрей Мэриемрэ кхъэлэгъунэм хуэзанщӀэу щыст.
А псори къызэрыхъурэ нобэ махуэ ещанэщ, ди цӀыхубзхэм ящыщ гуэрхэми хъыбар гъэщӀэгъуэн къытхуаӀуэтащ. Ахэр пщэдджыжьым жьыуэ кхъэлэгъунэм кӀуат,
Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм нэху щыщым, цӀыхубзхэм хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэу ягъэхьэзырар здахьри, кхъэлэгъунэм кӀуащ, нэгъуэщӀ гуэрхэри я гъусэу.