62 Дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ Пилат Ӏэтащхьэм деж щызэхуэсащ етӀуанэ махуэу мэрем махуэм къыкӀэлъыкӀуэм.
Щэбэтым и пэ къихуэ мэрем махуэт. Пщыхьэщхьэпэ хъуати,
А махуэр ӀутӀыж махуэшхуэм и пэ къихуэ мэрем махуэт. Сыхьэтыр пщыкӀутӀым дежт ар. – Мис фи пащтыхьыр! – яжриӀащ Пилат журтхэм.
Журтхэм щэбэт махуэм зыщыхуагъэхьэзыр махуэт, а кхъэлэгъунэри гъунэгъути, Хьисэ и хьэдэр абы щӀалъхьащ.
Мэрем махуэт. КъыкӀэлъыкӀуэ щэбэтыр махуэшхуэт. Хьэдэхэр щэбэт махуэм жорхэм памыгъэлъын щхьэкӀэ, журтхэр Пилат елъэӀуащ: – Жорхэм ираӀулӀахэм я лъэдийхэр зэпаудурэ, хьэдэхэр жорхэм къыфӀахыжыну унафэ щӀы.
ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэм* я япэ махуэм Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, абы къеупщӀащ: – ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ щыпшхын щхьэкӀэ, дэнэ щыдгъэхьэзырыну ухуей?