57 Пщыхьэщхьэр къыщысым, Исуф и цӀэу Аримафей жылэм щыщ зы лӀы бей къэкӀуащ. Ари Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу щытащ.
Ар Пилат деж кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр къритыжыну елъэӀуащ. Хьэдэр Исуф иратыжыну Пилат унафэ ищӀащ.
Хьисэ теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псори абыхэм ягъэзэщӀа нэужь, Хьисэ и гъусэхэм абы и хьэдэр жорым къыфӀахыжри, кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ.
Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм къэхъуар щызэхахым, къакӀуэщ, Иуан и хьэдэр яхьыжри, кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ.