54 Дзэ пашэмрэ абы и гъусэу Хьисэ зыхъумэу щытахэмрэ щӀыр зэрыхъейри, мо къэхъу псори щалъагъум, хуабжьу къэшынауэ жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ мыр Тхьэм и Къуэу щытащ.
ЗауэлӀхэм я пашэу Хьисэ къыхуэзанщӀэу щытым, Хьисэ и лӀэкӀэ хъуар щилъагъум, жиӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр Тхьэм и Къуэу щытащ.
ИкӀи къетӀысэкӀащ, Хьисэ яхъумэн щхьэкӀэ.
Езыр Тхьэм щогугъ, Тхьэр абы къыхуейуэ щытмэ, мыкӀуэду кърырегъэл, «Сэ Тхьэм сри-Къуэщ» жиӀэгъащи.
Ауэ Паул къригъэлыну дзэ пашэр хуейти, зауэлӀхэм я гум илъыр яримыгъащӀэурэ, есыкӀэ зыщӀэхэм псым нэхъапэ зыхадзэу, хы Ӏуфэм есылӀэну унафэ яхуищӀащ.
Дэ Италием кхъухькӀэ дригъэшэну Фест Ӏэтащхьэм щытриубыдэм, Паулрэ лъэхъуэщым щӀэс нэгъуэщӀ гупрэ кесарым и цӀэкӀэ зэджэ лӀы щих хъу дзэ гупым я пашэхэм щыщу ИулийкӀэ зэджэм ӀэщӀилъхьащ.
Дзэпщым дзэ пашэхэм ящыщ цӀыхуитӀ къриджэри, яжриӀащ итӀанэ: – ЗауэлӀу щитӀ, шууэ блыщӀ, бжыхэр зыӀыгъ зауэлӀу щитӀ ныжэбэ сыхьэтыр бгъум Кесарие къалэм кӀуэну вгъэхьэзыр.
Дзэпщым Ӏуэхур имыгъэгувэу зауэлӀхэри дзэ пашэхэри здишэри, цӀыхухэм яхэлъэдащ. ЦӀыхухэм дзэпщри зауэлӀхэри щалъагъум, Паул еуэн щагъэтащ.
Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ итӀанэ. Щыдыхьэм, дзэ пашэ гуэр къыбгъэдыхьэри къелъэӀуащ:
ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэлэжь шейтӀаныр къыбгъэдыхьэри Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, щӀакхъуэ хъуну мы мывэхэм унафэ хуэщӀ.
ЩӀыр ину хъеящ а сыхьэт дыдэм, къалэм и Ӏыхьэ пщӀанэри зэхэкъутащ. ЩӀыр щыхъейм, цӀыху минибл хэкӀуэдащ. МыкӀуэду къелахэри шынагъуэшхуэм хэхуащ икӀи уафэм щыӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀащ.
Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар Тхьэм зэри-Къуэр лъэщыгъэкӀэ къигъэнэхуащ. Аращ Хьисэ Мэссихьу дэ ди Зиусхьэныр.
Апхуэдэу щыхъум, Паул дзэ пашэхэм ящыщ гуэр къриджэри, жриӀащ: – Дзэпщым деж мы щӀалэр шэ. Зыгуэр жриӀэну хуейщ.
Корнелий зи цӀэ лӀы гуэр дэсащ Кесарие къалэм. Ар Италие къэралым щыщ дзэм хэту, зауэлӀищэ хъу гупым я пашэхэм ящыщащ.
Ар щызэхахым, цӀыхухэр къэгузэващ. Петррэ адрей апостолхэмрэ жраӀащ абыхэм: – Ди къуэшхэ, сыт дэ тщӀэн хуейр?
Дэ хабзэ диӀэщ, – къыжраӀащ журтхэм. – А ди хабзэм тету лӀэн хуейщ ар, Тхьэм и Къуэу зэрызигъэӀуам щхьэкӀэ.
– АтӀэ, Тхьэм ури-Къуэщ, ара? – къеупщӀащ псори. – Фэ зэрыжыфӀэм сыхуэдэщ, – яжриӀащ Хьисэ.
мыпхуэдэу жаӀэрт: – Уэ, Тхьэм и унэшхуэр зэхэзыкъутэу, махуищкӀэ зэтезыгъэувэжынум, умыкӀуэду зыкъегъэлыж! Уэ Тхьэм ури-Къуэу щытмэ, жорым къыфӀэкӀыж.
Ауэ Хьисэ зыри жиӀакъым. – СынолъэӀу, гъащӀэр зи ӀэрыкӀ Тхьэм и цӀэкӀэ къыджеӀэ, уэра Мэссихьу Тхьэм и Къуэр? – къеупщӀащ дин пашэшхуэр Хьисэ.
Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр и щхьэм къы-щыщӀэдзауэ и лъабжьэм нэс тӀууэ къызэгуэтхъащ абы ирихьэлӀэу. ЩӀыри къэхъеящ. Мывэхэри зэгуэудащ.