53 Ахэр кхъэлэгъунэхэм къыщӀэкӀыжащ икӀи Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, къалэ лъапӀэу Ерусалим дыхьэри, цӀыху куэдым зыкърагъэлъэгъуащ.
«Ауэ Тхьэм и унэшхуэм и щӀыбкӀэ щыӀэ пщӀантӀэр къыупщыну упымылъ, Тхьэм а пщӀантӀэр хамэ лъэпкъхэм къахуигъэнащи. Къалэ лъапӀэр мазэ плӀыщӀрэ тӀукӀэ къалэ лъапӀэр лъэгукӀэ яубэнущ абыхэм.
ШейтӀаным Хьисэ къалэ лъапӀэм ишэщ, Тхьэм и унэшхуэм и нэхъ лъагапӀэ дыдэм тригъэувэри,
Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуахэм цӀыху гуэрым зыгуэр хигъэщӀмэ, а цӀыхум и ӀыхьэфӀыр Тхьэм къыӀихынущ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъымкӀи, къалэ лъапӀэмкӀи, мы тхылъым зи хъыбар ит ӀуэхухэмкӀи Тхьэм а цӀыхум и Ӏыхьэр къыӀихынущи.
Къалэшхуэ лъапӀэу ЕрусалимыщӀэр Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. НысащӀэ хъунум щауэм зэрызыхуигъэщӀэращӀэм хуэдэу, зигъэхьэзырат абы.