51 Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр и щхьэм къы-щыщӀэдзауэ и лъабжьэм нэс тӀууэ къызэгуэтхъащ абы ирихьэлӀэу. ЩӀыри къэхъеящ. Мывэхэри зэгуэудащ.
Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр и щхьэм къы-щыщӀэдзауэ и лъабжьэм нэс тӀууэ къызэгуэтхъащ абы ирихьэлӀэу.
Мэссихь дызэрыщыгугъыр быдэу икӀи дзыхь хуэтщӀу хъурзэм хуэдэу ди гум илъщ. Тхьэм и унэшхуэм и кӀуэцӀым щыфӀэлъ Ӏупхъуэм дыблэкӀыурэ, я нэхъ пэш лъапӀэм дыщӀыхьэн тлъэкӀынущ абы щхьэкӀэ.
дыгъэр ункӀыфӀати. Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр тӀууэ къызэгуэтхъащ.
Тхьэм и унэшхуэу уафэм щыӀэр зэӀуха хъуащ абы и ужькӀэ, икӀи Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр къэзыгъэлъагъуэ пхъуантэри къэнэхуащ. Уафэр къэхъуэпскӀащ итӀанэ, макъышхуэхэри уафэгъуагъуэ макъышхуэхэри къэӀуащ, щӀыри хъеящ, уэшхуэхэри къехащ.
Дзэ пашэмрэ абы и гъусэу Хьисэ зыхъумэу щытахэмрэ щӀыр зэрыхъейри, мо къэхъу псори щалъагъум, хуабжьу къэшынауэ жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ мыр Тхьэм и Къуэу щытащ.
НапӀэзыпӀэм щӀыр ин дыдэу хъеящ, Зиусхьэным и мелыӀыч уафэм къехри, кхъэлэгъунэм бгъэдыхьэщ, мывэшхуэр Ӏуигъэ-кӀуриикӀри, абы тетӀысхьати.
ЩӀыр ину хъеящ а сыхьэт дыдэм, къалэм и Ӏыхьэ пщӀанэри зэхэкъутащ. ЩӀыр щыхъейм, цӀыху минибл хэкӀуэдащ. МыкӀуэду къелахэри шынагъуэшхуэм хэхуащ икӀи уафэм щыӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀащ.
Ӏупхъуэ гуэрым и щӀыбкӀэ я нэхъ Пэш ЛъапӀэу жыхуаӀэр щыӀащ.
Си жьэм къыжьэдэкӀ псалъэхэри сигу илъхэри Уэ уигу ирихьын ирехъу, Зиусхьэн, Уэращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэри си щхьэ къэзыщэхужари.
Ар зы уафэ гъунэм къыщожьэ, адрей уафэ гъунэм нэсу къекӀухь, и хуабэ здынэмыс щыӀэкъым.
ЗауэлӀхэм я пашэм, къэхъуар щилъагъум, Тхьэм щӀыхь хуищӀри жиӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу щытащ.