47 Ар щызэхахым абдеж щытхэм, жаӀащ: – Иляс бегъымбарым йоджэ ар.
Ар къабыл фщӀыну фыхуеймэ, умэхъакӀуэ Иуан къэкӀуэну щыта Иляс бегъымбарыр аращ.
Сыхьэтыр щым Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ джащ: – Или, или, ламэ савахфани? (Абы къикӀыр «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?»)
Абыхэм ящыщ гуэр бгъэдэлъадэри, щӀыфэр зэраӀуэт хъыданыр къищтащ асыхьэтым. Хъыданым серчэр фӀыуэ зыщӀригъэфри, башым фӀэлъу Хьисэ хуишиящ щӀигъэфыну.