Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 27:41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

41 Дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми, нэхъыжьхэми Хьисэ щыдыхьэшхыурэ, жаӀащ:

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 27:41
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Абдежым щыта цӀыхухэм ялъэгъуащ а псор. Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ тхьэмадэхэм дыхьэшхыурэ мыпхуэдэу жаӀащ: – НэгъуэщӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлащ. Езыр Тхьэм къыхиха Мессихьырамэ, мыкӀуэду зыкърырегъэлыж.


Зубыдыну къэкӀуа дин пашэшхуэхэм, Тхьэм и унэшхуэм и хъумакӀуэхэм я пашэхэм, нэхъыжьхэм Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – ХъунщӀакӀуэ фубыд хуэдэу, джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ фӀыгъыу фыкъыспежьаи?


Абы къикӀыр езыр хамэ лъэпкъхэм зэраӀэщӀыхьэнурщ. Ахэр абы къыщыдыхьэшхынущ, къыхущӀэджэнущ икӀи къеубжьытхынущ. ИтӀанэ щӀопщкӀэ къеуэнущ икӀи яукӀынущ,


мыпхуэдэу жаӀэрт: – Уэ, Тхьэм и унэшхуэр зэхэзыкъутэу, махуищкӀэ зэтезыгъэувэжынум, умыкӀуэду зыкъегъэлыж! Уэ Тхьэм ури-Къуэу щытмэ, жорым къыфӀэкӀыж.


– НэгъуэщӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлащ, ауэ езым зыкъригъэлыфыркъым. Ар Израил и пащтыхьыр, пэжмэ, жорым къыфӀрекӀыжи, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъунущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ