25 – Абы и лъыр дэри ди бынхэми къыттрырехуэ! – жаӀащ цӀыху псоми.
– «Мы лӀым и цӀэкӀэ цӀыхухэм зыри евмыгъащӀэ!» жытӀэри, унафэ быдэ фхуэтщӀатэкъэ? Ауэ фэ цӀыхухэм евгъэщӀа Ӏуэхухэр Ерусалим дэз хъуащ. Мы лӀым и лъыр къыттевгъэхуэну фигу илъщ иджы.
Фэ фи адэжьхэм кърамыхуэкӀа бегъымбар щыӀа? Щыпкъагъэ ЗиӀэр дунейм къызэрытехьэнур цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэри яукӀащ. Фэри тепщэныгъэ зиӀэхэм ар евгъэубыдри, евгъэукӀащ.
Мы мывэм къытехуэр зэпкъриудынущ, езыр зытехуэр ипӀытӀынущ.
Ауэ журтхэр Паул пэувыжу щыхуэхъущӀэм, и щыгъынхэр абыхэм я пащхьэм щиутхыпщӀыжри яжриӀащ: – Къуаншэр фэращи, фи къуаншагъэм пэкӀуэр фи щхьэм лъресыж! Сэ сыкъабзэщ. Хамэ лъэпкъхэм я деж сыкӀуэнущ нобэ щыщӀэдзауэ.