Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 27:24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

24 Пилат, зыри хищӀыхьыжын хузэфӀэмыкӀэу, цӀыхухэм нэхъ зэрызехьэ зэрыхъуар щилъагъум, псы къищтэщ, и Ӏэхэр цӀыхухэм я пащхьэм щитхьэщӀри жиӀащ: – Мы лӀыуэ щыпкъагъэ зигу илъым и лъыр сэ къыстехуэркъым. Абы и лъыр фэращ зытехуэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 27:24
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

яжриӀащ: – Лъы хейр зэрыфэзгъэубыдамкӀэ гуэныхь сщӀащ. – Абы дэ ди Ӏуэху хэлъкъым, уэращ зи Ӏуэху хэлъыр, – къыжраӀащ абыхэм.


Си бийхэу сыкъэзыувыхьхэм ящхьэкӀэ сыщысӀэтынщ итӀанэ, сэри Абы и шэтырым гуфӀэгъуэ макъышхуэкӀэ щысщӀынщ къурмэнхэр, Зиусхьэным уэрэд хужысӀэурэ, и щӀыхь сӀуэтэнщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.


– Ауэ, цӀыхухэм зыкъамыӀэтын щхьэкӀэ, ар махуэшхуэм трыремыхуэ, – жаӀащ абыхэм.


ЦӀыху ЛъапӀэр икӀи Захуэр зэфпэсакъым, абы и пӀэкӀэ лӀыукӀ гуэр къыфхуиутӀыпщыжыну Пилат Ӏэтащхьэм фелъэӀуащ.


Преторием къыщӀэкӀыжри, Пилат журтхэм яжриӀащ: – Зэрызгъэкъуэншэн зыри зэрезмыгъуэтылӀэр фщӀэн щхьэкӀэ, езыр къыфхущӀызош.


Дзэ пашэмрэ абы и гъусэу Хьисэ зыхъумэу щытахэмрэ щӀыр зэрыхъейри, мо къэхъу псори щалъагъум, хуабжьу къэшынауэ жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ мыр Тхьэм и Къуэу щытащ.


Иеремие бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр пэж хъуащ: «Щхьэ уасэу Израил цӀыхухэм абы щхьэкӀэ ягъэува дыжьын ахъшэ щэщӀыр къащтэри,


Тахътэм здисым, Пилат и фызым лӀыкӀуэ къыхуищӀри къыжрыригъэӀащ: – Щыпкъагъэ зигу илъ а цӀыхум мыхъун гуэр иумыщӀэ. Ныжэбэ пщӀыхьэпӀэ Ӏей слъагъури, а лӀым щхьэкӀэ гугъу сехьащ.


– Абы сыт щӀэпхъаджагъэу ищӀар? – щӀэупщӀащ Пилат. Ауэ ахэр нэхъ ину къызэрыгъэкӀиящ: – Жорым еӀулӀ!


Уэ Зиусхьэн, апхуэдэу щыхъукӀэ, си лъакъуэхэм я мызакъуэу, си Ӏэхэри схуэтхьэщӀ, си щхьэри схуэхущӀ, – къыжриӀащ Симон Петр.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ