21 – Мы тӀум хэт къыфхуэзутӀыпщыжыну фызыхуейр? – Пилат Ӏэтащхьэр аргуэру цӀыхухэм еупщӀащ. – Вараввэщ, – жаӀащ абыхэм.
Пилат Вараввэ кърагъэутӀыпщыжыну икӀи Хьисэ ирагъэгъэкӀуэдыну дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ цӀыху гупышхуэм жраӀащ.
– МэссихькӀэ зэджэ Хьисэ сыт есщӀэнур? – щӀэупщӀащ Пилат. – Жорым еӀулӀ, – жаӀащ псоми.
Куэд дыдэ хъууэ уафэм щыӀэхэм я зэӀущӀэм Тхьэм шынагъуэшхуэ щыхуащӀ, зыхэт псомкӀи Ар шынагъуэшхуэщ.
Арати, цӀыхухэр къыщызэхуэсым, Пилат абыхэм еупщӀащ: – Хэт къыфхуэзутӀыпщыжыну фызыхуейр? Вараввэ, хьэмэрэ МэссихькӀэ зэджэ Хьисэ?
– Ауэ жызумгъэкӀхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зэчэнджэщыжри жаӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ».
Пилат Ӏэтащхьэм дин пашэшхуэхэри, адрей тхьэмадэхэу Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэри, цӀыхухэри зэхуишэсри,