Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 27:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Хьисэ япхри, Понтий Пилат Ӏэтащхьэм ӀэщӀалъхьащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 27:2
25 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Мы лӀым къехъулӀамкӀэ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэуэ ди адэшхуэхэм я Тхьэм и Къуэ Хьисэ и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм я пащхьэм къыщигъэлъэгъуащ. Ар фэ тепщэныгъэ зиӀэхэм евгъэубыдащ. Пилат Ӏэтащхьэм ар къиутӀыпщыжыну и гугъарэ пэт, фэ абы и пащхьэм Хьисэ щызэфпэсакъым.


икӀи къыщыдыхьэшхынурэ щӀопщкӀэ къеуэнущ, жорым ираӀулӀынурэ ар хамэ лъэпкъхэм ӀэщӀалъхьэнущ; ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ещанэ махуэм.


Тхьэуэ псоми гъащӀэ къезытым и пащхьэмрэ Мэссихь Хьисэу, Понтий Пилат зэхихыу, щыпкъагъэм щыхьэт техъуам и пащхьэмрэ лъэщу унафэ щыпхузощӀ:


ЦӀыху гуэрхэр Хьисэ деж къакӀуэри, Пилат Ӏэтащхьэм Галилейм щригъэукӀахэм я хъыбар къыхуахьащ а зэманым. А цӀыхухэм я лъымрэ я къурмэныпхъэм и лъымрэ зэхэлъадэу, Пилат и цӀыхухэм яригъэукӀыгъащ.


Лъэхъуэщым щӀэсхэр, абы фадыщӀэсым хуэдэу, икӀи гугъуехь зышэчхэри, гугъуехь ядэфшэчым хуэдэу, зыщывмыгъэгъупщэ. Фэри мы дунейм тет цӀыхухэм фащыщщ.


гугъуехь зыхуэсшэчу, бзаджащӀэм хуэдэу Ӏэпхлъэпх къысщӀралъхьар. Ауэ Тхьэм и псалъэхэм Ӏэпхлъэпх иралъхьэн ялъэкӀынукъым.


Ӏуэхухэр апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэщ фыслъагъуну икӀи сынывэпсэлъэну фыкъыщӀезгъэшар. Израил лъэпкъым гугъапӀэфӀу иӀэм щхьэкӀэщ си Ӏэм Ӏэхъулъэхъу щӀралъхьар.


ИлъэситӀ дэкӀауэ, Феликс и пӀэм Порций Фест зи цӀэр иуващ. Феликс журтхэм фӀы гуэр яхуищӀэну хуейти, Паул лъэхъуэщым къыщӀинащ.


Паул еупщӀын хуеяхэр занщӀэу къикӀуэтыжащ. Дзэпщыр, Паул рим цӀыхухэм зэращыщыр къыщищӀэм, зауэлӀхэм Паул Ӏэхъулъэхъу зэраригъэлъхьам щхьэкӀэ шынащ.


ЩӀопщкӀэ еуэну фэ кӀапсэкӀэ щрапхым, Паул абдеж щыт дзэ пашэм жриӀащ: – Хьэкум тевмыщӀыхь щӀыкӀэ, рим цӀыхухэм ящыщ гуэрым феуэну хабзэкӀэ фыхуит?


Арати, дзэпщыр зауэлӀхэм ябгъэдыхьэри, Паул яригъэубыдащ. Абы гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэну унафэ яхуищӀащ. ЦӀыхухэм еупщӀащ итӀанэ: – Мыр хэт? Сыт ищӀар?


Ирод пащтыхьым Петр хеящӀэ пащхьэм щришэну махуэм и пэ къихуэ жэщым ар, Ӏэхъулъэхъу тӀуащӀэ иралъхьауэ, зауэлӀитӀым яку дэлъу жейрт. ХъумакӀуэхэм, бжэм Ӏуту, лъэхъуэщыр яхъумэрт.


– Дамаск къалэм щыӀэ синэгуэгухэм тхылъ яхуэтхи, къызэт. Щаул апхуэдэу щӀыжиӀар Хьисэ и гъуэгу тетхэр Дамаск къыщигъуэтмэ, цӀыхухъуми цӀыхубзми, Ӏэпхлъэпх иригъэщӀурэ Ерусалим къригъэшэну арат.


– А псалъэхэр пэжщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ирод пщымрэ Ӏэтащхьэу Понтий Пилатрэ мы къалэм щызэхуэсащ, хамэ лъэпкъхэри израил цӀыхухэри я гъусэу, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэу дагъэ зыщыпхуам пэувыну.


Дин пашэшхуэ Кайафэ деж Аннэ Хьисэ иригъэшащ, Ӏэхъулъэхъу илъу.


Дзэ пашэр я гъусэу, зауэлӀ гупымрэ журт хъумакӀуэхэмрэ Хьисэ яубыдри, Ӏэхъулъэхъу иралъхьащ.


Арати, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ Хьисэ кӀэлъызеплъэ зэпытт, икӀи ӀулъхьэкӀэ ящэхуауэ, щыпкъагъэ ягу илъ хуэдэу фэ зытезыгъауэ цӀыху фэрыщӀ гуп хуагъэкӀуащ абы. Хэкум ипщу тепщэныгъэ зиӀэм ӀэщӀагъэхуэн щхьэкӀэ, Хьисэ псалъэ гуэркӀэ къаубыдэну гугъэрт.


Тиверий кесарым и тетыгъуэм и епщыкӀутхуанэ илъэст; Понтий Пилат зи цӀэр Иудей хэкум и Ӏэтащхьэт абы щыгъуэ. Ироди Галилей хэкум ипщт; Ирод и къуэш Филипп Итурей, Трахонит хэкухэм япщт; Лисаний зи цӀэр Авилиней хэкум ипщт.


Нэсащ Тхьэм жыхуиӀа щӀыпӀэм; щиухуащ абдежым Ибрэхьим къурмэнщӀыпӀэ, трилъхьащ пхъэр, икӀи и къуэ Исхьэкъ ипхри, трилъхьащ ар къурмэнщӀыпӀэм, пхъэхэм я щӀыӀукӀэ.


А хъыбарыр Ӏэтащхьэм щызэхихкӀэ, дэ дгъэсабырынщ, фэри зыри къывжи-мыӀэну тщӀынщ.


Хасэм хэта псори къэтэджыжри, Пилат Ӏэтащхьэм деж Хьисэ яшащ.


Пилатрэ Иродрэ ныбжьэгъу зэхуэхъуащ а махуэ дыдэм. Абы и пэкӀэ зэбийуэ щытащ.


Кайафэ и унэм щӀашри, Хьисэ рим Ӏэтащхьэм и унэшхуэу преторие зи цӀэм яшащ. Нэху щат. Журтхэр преторием щӀыхьакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр яшхынути, зауфӀейну хуейтэкъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ