Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 27:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 Тахътэм здисым, Пилат и фызым лӀыкӀуэ къыхуищӀри къыжрыригъэӀащ: – Щыпкъагъэ зигу илъ а цӀыхум мыхъун гуэр иумыщӀэ. Ныжэбэ пщӀыхьэпӀэ Ӏей слъагъури, а лӀым щхьэкӀэ гугъу сехьащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 27:19
28 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Пилат, зыри хищӀыхьыжын хузэфӀэмыкӀэу, цӀыхухэм нэхъ зэрызехьэ зэрыхъуар щилъагъум, псы къищтэщ, и Ӏэхэр цӀыхухэм я пащхьэм щитхьэщӀри жиӀащ: – Мы лӀыуэ щыпкъагъэ зигу илъым и лъыр сэ къыстехуэркъым. Абы и лъыр фэращ зытехуэр.


«Гуэныхь лъэпкъ ищӀакъым езым, узыгъэпцӀэн псалъи и жьэм къыжьэдэкӀакъым».


А псалъэхэр щызэхихым, Хьисэ къыщӀишри, Пилат хеящӀэ тӀысыпӀэм тетӀысхьащ. А тӀысыпӀэр здэщыӀэ щӀыпӀэм и цӀэр Лифостротонщ, журтыбзэкӀэ Гаввафэщ.


ЗауэлӀхэм я пашэм, къэхъуар щилъагъум, Тхьэм щӀыхь хуищӀри жиӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу щытащ.


Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, гуэныхь фымыщӀэн щхьэкӀэ, мыр ныфхузотх. Зыгуэрым гуэныхь ищӀэмэ, Адэ лъапӀэм дэ тхуелъэӀуну зыгуэр щыӀэщ – ар щыпкъагъэ зигу илъ Хьисэ Мэссихьщ.


яжриӀащ: – Лъы хейр зэрыфэзгъэубыдамкӀэ гуэныхь сщӀащ. – Абы дэ ди Ӏуэху хэлъкъым, уэращ зи Ӏуэху хэлъыр, – къыжраӀащ абыхэм.


Ауэ Ирод и пӀэкӀэ абы и къуэ Архелай Иудей хэкум и пащтыхь хъуауэ хъыбар щызэхихым, Исуф абы ихьэжын шынащ. Тхьэм пщӀыхьэпӀэкӀэ къыгуригъэӀуа нэужь, Галилей хэкум кӀуэри,


Ирод лӀа нэужь, Зиусхьэным и мелыӀычыр пщӀыхьэпӀэу Мысырым къыщыхуэкӀуэри,


Исуф а Ӏуэхум пыхьауэ, Зиусхьэным и мелыӀычыр абы пщӀыхьэпӀэу къыхуэкӀуащ. – Даут и къуэ Исуф, – къыжиӀащ абы, – Мэрием къэпшэну умышынэ; абы къилъхуну сабийр къызыхэкӀыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ.


Хэлъщ си Ӏэм къару фэ Ӏеягъэ фэсщӀэфыну; ауэ фи адэм и Тхьэр дыгъуасэ къызэпсалъэри, сэ къызжиӀащ: – Сакъ, жумыӀэ Екъуб Ӏеи фӀыи.


АрщхьэкӀэ Тхьэр арамей Лабан пщӀыхьым хэту жэщым къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ абы: – Зыхъумэ, жумыӀэ Екъуб Ӏеи фӀыи.


Дэ тхуэфащэщи, дагъэпшыныж. ЩӀэпхъаджагъэу тщӀахэм яхуэфащэр дагъэгъуэтыж. Ауэ мы лӀым мыхъуну зыри ищӀакъым.


Тхьэм и мелыӀычым сэ къызжиӀащ пщӀыхьым сыхэту: – Екъуб! – Сымис сэ, – жысӀащ сэ.


Пилат апхуэдэу щӀеупщӀар Хьисэ ефыгъуэу абы къызэрыӀэщӀалъхьар ищӀэрти, аращ.


Игъэува пӀалъэм Ирод, и пащтыхь щыгъынхэр щыгъыу, пащтыхь тахътэм тетӀысхьэри, цӀыхухэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ.


Галлион зи цӀэр Ахаие хэкум и Ӏэтащхьэ щыхъум, журтхэр зэгъусэ хъущ, Паул тезэрыгуэри, хеящӀэм и пащхьэм ирашащ.


Ар къажриӀэри, Галлион ахэр хеящӀэ унэм къыщӀигъэкӀыжащ.


А цӀыху псоми синэгуэгум и пашэ Сосфен яубыдри, хеящӀэ унэм и бжэӀупэм щакъуащ, ауэ Галлион зыри къыфӀэӀуэхуакъым.


Махуэ зыбгъупщӀ нэхъыбэ абыхэм я деж щымыӀэу, Фест Кесарием кӀуащ. ЕтӀуанэ махуэм хьэкумыщӀ тӀысыпӀэм тетӀысхьэри, зауэлӀхэм Паул къригъэшащ.


– Кесарым и хьэкумыр си Ӏуэхум тезыщӀыхьын хуей хеящӀэм и пащхьэм ситщ сэ, – жиӀащ Паул. – Уэ фӀыуэ зэрыпщӀэщи, журтхэм мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ есщӀакъым сэ.


Ахэр си деж къыщыкӀуэм, Ӏуэхур сымыгъэгувэу етӀуанэ махуэм хьэкум тесщӀыхьыну си хьэкум тӀысыпӀэм сытетӀысхьэри, а лӀыр зауэлӀхэм къезгъэшащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ