16 Вараввэ и цӀэу зы цӀэрыӀуэ гуэр лъэхъуэщым щӀэст а махуэхэм.
А махуэхэм лъэхъуэщым щӀэст Вараввэ зи цӀэ лӀы гуэр, абы щӀыгъут зэрыхьзэриишхуэм цӀыху щызыукӀа и дэрэгъухэр.
А цӀыхухэр Тхьэм и хьэкум захуэм – апхуэдэ Ӏуэхухэр зыщӀэхэм укӀ зэрахуэфащэм – щыгъуазэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, езыхэм апхуэдэ Ӏуэхухэр зэращӀэм и мызакъуэу, а Ӏуэхухэр зылэжьхэр ягъэзахуэ.
ЦӀыху ЛъапӀэр икӀи Захуэр зэфпэсакъым, абы и пӀэкӀэ лӀыукӀ гуэр къыфхуиутӀыпщыжыну Пилат Ӏэтащхьэм фелъэӀуащ.
– Мы лӀыракъым дызыхуейр, Вараввэ къытхуэутӀыпщыж, – жаӀэри зэрыгъэкӀиящ ахэр. Вараввэ зи цӀэр хъунщӀакӀуэт.
ЦӀыхухэр къызэрызэщӀиӀэтам икӀи цӀыху гуэр зэриукӀам щхьэкӀэ лъэхъуэщым щӀадза Вараввэу цӀыхухэр къызыщӀэлъэӀуар яхуиутӀыпщыжащ. Езыхэр зыхуейр иращӀэну хуиту, Хьисэ абыхэм яӀэщӀилъхьащ.
Лъэхъущым щӀэс гуэр утӀыж махуэшхуэ къэс цӀыхухэм я лъэӀукӀэ щхьэхуиту яхуиутӀыпщыжыныр Пилат Ӏэтащхьэм и хабзэт.
Арати, цӀыхухэр къыщызэхуэсым, Пилат абыхэм еупщӀащ: – Хэт къыфхуэзутӀыпщыжыну фызыхуейр? Вараввэ, хьэмэрэ МэссихькӀэ зэджэ Хьисэ?
Си унэкъуэщу Андроникрэ Юнийрэ, лъэхъуэщым къыздыщӀэсу щытахэм, фӀэхъус схуефхыж. Ахэр апостол цӀэрыӀуэхэм ящыщщ. Си япэ абыхэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.