14 Хьисэ зы псалъи жиӀакъым. Зыри зэрыжимыӀар Пилат Ӏэтащхьэм хуабжьу игъэщӀэгъуащ.
Дэ апостолхэм ди Ӏуэхум сызэреплъыр мыращ: укӀ зытралъхьа цӀыхухэм дахуэдэу, Тхьэм щӀыпӀэ икӀэ дыдэм дэ, апостолхэр, дызэрыригъэувам хуэдэщ. Дуней псори, мелыӀычхэри, цӀыхухэри ӀейкӀэ къыдэплъыну псоми я пащхьэм дызэрырагъэувам хуэдэщ.
Пащтыхьым тетыгъуэр ӀэщӀэлъыху, зреуфэбгъу захуагъэм, иребагъуэ мамырыгъэр, мазэр щыӀэху.
Ауэ Хьисэ зыри жиӀакъым. – СынолъэӀу, гъащӀэр зи ӀэрыкӀ Тхьэм и цӀэкӀэ къыджеӀэ, уэра Мэссихьу Тхьэм и Къуэр? – къеупщӀащ дин пашэшхуэр Хьисэ.
Ауэ дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ Хьисэ щагъэкъуаншэм, абы зыри жиӀакъым.
Пилат Хьисэ къеупщӀащ: – Къыптралъхьэр зыхуэдизыр зэхэпхыркъэ?
Ауэ Хьисэ зыри жиӀакъым. Зыри зэрыжимыӀар Пилат игъэщӀэгъуащ.
Ирод Хьисэ куэдкӀэ къеупщӀащ, ауэ Хьисэ абы зы жэуапи иритыжакъым.
Преторием щӀыхьэжри, Хьисэ жриӀащ: – Уэ дэнэ ущыщ? Хьисэ жэуап иритыжакъым.