12 Ауэ дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ Хьисэ щагъэкъуаншэм, абы зыри жиӀакъым.
Ауэ Хьисэ зыри жиӀакъым. – СынолъэӀу, гъащӀэр зи ӀэрыкӀ Тхьэм и цӀэкӀэ къыджеӀэ, уэра Мэссихьу Тхьэм и Къуэр? – къеупщӀащ дин пашэшхуэр Хьисэ.
КъыхуэхъущӀэу щытахэми яхуэхъущӀэжакъым ар. Гугъуехь езыгъэшэчу щытахэми, «Сэ ар фэзгъэпшыныжынущ», жиӀэу пэувакъым, ауэ а Ӏуэхур Тхьэуэ цӀыхухэм хьэкумыр захуагъэкӀэ ятезыщӀыхьым ирихьэлӀащ.
Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщу Ӏэтащхьэр зэджар мы псалъэхэращ: «Мэлым хуэдэу фӀагъэжыну яшащ. Зыщым и пащхьэм щынэр щэху хъуауэ зэритым хуэдэу, абыи и жьэр зэтрихакъым.
Хьисэ зы псалъи жиӀакъым. Зыри зэрыжимыӀар Пилат Ӏэтащхьэм хуабжьу игъэщӀэгъуащ.
Пилат Хьисэ къеупщӀащ: – Къыптралъхьэр зыхуэдизыр зэхэпхыркъэ?
Ирод Хьисэ куэдкӀэ къеупщӀащ, ауэ Хьисэ абы зы жэуапи иритыжакъым.