74 – Тхьэр согъэпцӀ, жысӀэр мыпэжмэ, а лӀыр сцӀыхуркъым, – жиӀэри, тхьэ иӀуэу щӀидзащ Петр. Абы ирихьэлӀэу адакъэ Ӏуащ.
ФӀыуэ слъагъухэм ягурызогъаӀуэ, икӀи согъэӀурыщӀэ. Аращи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, си гъуэгум фигурэ фи псэкӀэ фрикӀуэ.
Зиусхьэныр фӀыуэ зымылъагъум Тхьэм и нейр къыщрехуэ. Маранафэ.
– Хьэуэ, ар пэжкъым, – жиӀэри Петр аргуэру идакъым. Ар зэрыжиӀэу, адакъэ Ӏуащ.
Псэр зыукӀын зылъэмыкӀыу, Ӏэпкълъэпкъыр зыгъэкӀуэдхэм фащымышынэ, ауэ псэри Ӏэпкълъэпкъри жыхьэнмэм хэзыгъэкӀуэдэфынум фыщышынэ.
Си къуэшу си лъэпкъым щыщхэм си фӀагъ езгъэкӀын слъэкӀатэмэ, Тхьэм и ней къысщыхуэу, Мэссихь сызыбгъэдигъэкӀыну сыхуеинт.
– Хьэуэ, уэ жыхуэпӀэр сэ сщӀэркъым, – жриӀащ Петр а лӀым. Асыхьэтым, Петр и псалъэр имыух щӀыкӀэ, адакъэ Ӏуащ.
– Хьэуэ, уэ жыхуэпӀэр сэ сщӀэркъым икӀи къызгурыӀуэркъым, – жиӀащ Петр. Ар пщӀантӀэм дэкӀри, куэбжэпэм къыщувыӀащ итӀанэ. Адакъэ Ӏуащ.
– Пэжыр ныбжызоӀэ, – жриӀащ Хьисэ Петр, – ныжэбэ дыдэм адакъэ тӀэу мыӀуэ щӀыкӀэ, сэ сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ.
– Абы и лъыр дэри ди бынхэми къыттрырехуэ! – жаӀащ цӀыху псоми.
– Пэжыр ныбжызоӀэ, – жриӀащ Хьисэ Петр, – ныжэбэ дыдэм адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ.
ТӀэкӀу дэкӀа нэужь, абдежым щытхэр къыбгъэдыхьэри, Петр къыжраӀащ: – Пэж дыдэу, уэри абыхэм уащыщщ, уи псэлъэкӀэм ар нахуэ къещӀри.
Хьисэ къыжриӀэгъауэ щыта псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ абдежым: «Адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ». Ар игу къыщыкӀыжым, пщӀантӀэм дэкӀри, игу хэщӀу гъащ Петр.