70 – Хьэуэ, уэ жыхуэпӀэр сщӀэркъым, – щыжиӀащ Петр псоми я пащхьэ.
Апхуэдэу щытми, лъэ быдэкӀэ щыт зи гугъэ цӀыхур зэрымыджэлэным хуресакъ.
Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.
Пэжщ, абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэрамыӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм ахэр жыгым къыпищӀыкӀащ, ауэ уэ фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм щхьэкӀэ уи пӀэм укъонэ. Аращи, зумыгъэпагэ, шынагъи зигъэӀэ.
Петр Хьисэ и ужь жыжьэу иту, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм нэс, кӀэлъыкӀуащ. ПщӀантӀэм дыхьэри, хъумакӀуэхэм яхэтӀысхьащ ар итӀанэ, Хьисэ и Ӏуэху зэрыхъунум еплъыну.
Ауэ мы псори къыщӀэхъуар бегъымбархэм ятхар пэж хъун щхьэкӀэщ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху псори, езыр утыкум къранэри, щӀэпхъуэжащ абы щӀыгъуэ.
Хьисэ и гъусэхэм ящыщ зым и джатэр кърихщ, дин пашэшхуэм и унэӀутым еуэри, и тхьэкӀумэ лъэныкъуэр къыпигъэхуащ.
Петр пщӀантӀэм дэст абы щыгъуэ. Зы унэӀут хъыджэбз, абы къыбгъэдыхьэри, къыжриӀащ: – Галилей щыщ Хьисэ уригъусэу щытащ уэри.
Петр куэбжэмкӀэ иунэтӀащ итӀанэ. НэгъуэщӀ унэӀут хъыджэбз гуэрми ар къилъагъури, абдеж щытхэм яжриӀащ: – Мы лӀыри Назарет щыщ Хьисэм и гъусэу щытащ.
– Хьэуэ, хъыджэбз, – жиӀащ Петр, – ар сэ сцӀыхуркъым.